Acts 7:35 — Compare Translations

1 translations compared side by side

Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
(Стефан щӀигъужащ:) – Абыхэм «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар?» зыжраӀэу ямыдэгъа Мусэ хъужыращ ар. А Мусэ дыдэращ абыхэм пашэ яхуэхъунуи щхьэхуит ищӀынуи Тхьэм къигъэкӀуар, пыжь банэм хэту Мусэ къыхуэлъэгъуа мелыӀычым и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.