Hebrews 7:5 — Compare Translations

1 translations compared side by side

Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Левий къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу дин пашэ хъуахэм израил цӀыхухэм къалэжьам и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀахыну Торэт хабзэм унафэу итщ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а Ӏыхьэ пщӀанэр къызыӀахыр я къуэш Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэрщ.