Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Аримафей жылэм щыщу, Исуф зи цӀэ лӀы гуэр щыӀащ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щэхуу ящыщт. А Ӏуэхугъуэр щӀибзыщӀыр журтхэм ящышынэти, аращ. Ар Пилат деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀэсхыжыну хуит сыщӀ, – жиӀэри. Пилат хуит щищӀым, кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀихыжащ Исуф.