Matthew 21:23 — Compare Translations

1 translations compared side by side

Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?