bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Peter 4
1 Peter 4
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 5 →
1
Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.
2
Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.
3
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.
4
Абыхэм я псэукӀэ мыхъумыщӀэу гъунэ зимыӀэмкӀэ иджы гъусэ фазэрыхуэмыхъум щхьэкӀэ ягъэщӀагъуэ икӀи къыфхущӀоджэ.
5
Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу.
6
Мэссихь лӀахэми хъыбарыфӀыр яхуиӀуэтащ. Ахэр мы дунейм щытетым, хьэкум ятрищӀыхьащ Тхьэм, цӀыху псоми зэратрищӀыхьым хуэдэу. Мэссихь хъыбарыфӀыр щӀахуиӀуэтар лӀахэм, Тхьэр зэрыпсэум хуэдэу, ахэри псэун щхьэкӀэщ.
7
Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.
8
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
9
Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщӀэ.
10
Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.
11
Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.
12
ФӀыуэ слъагъухэ, фи щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьышхуэу фшэчыр фымыгъэщӀагъуэ икӀи къывэуалӀэр гъэщӀэгъуэн къыфщремыхъу.
13
Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.
14
Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи.
15
Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.
16
Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ.
17
Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?
18
«Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр ерагъкӀэ мыкӀуэду къелмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэми гуэныхь зыщӀэхэми я Ӏуэху дауэ зэрыхъунур»?
19
Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 5 →
All chapters:
1
2
3
4
5