bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
2 Timothy 3
2 Timothy 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 4 →
1
Мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къызэрыкӀуэнур пщӀэн хуейщ.
2
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;
3
зэкӀужыныгъэр зыхуэдэр ящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым;
4
уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;
5
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
6
А цӀыхухэм ящыщхэр унэхэм яфӀыщӀопщхьэ, зи гуэныхьхэм текӀуадэ цӀыхубзу хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зыкърезыгъэшэкӀхэр дахьэх.
7
А цӀыхубзхэм Ӏуэхухэр сыт щыгъуи зрагъащӀэми, щыпкъагъэр къащӀэн ялъэкӀыркъым.
8
Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.
9
Ауэ абыхэм я Ӏуэхур куэдрэ къадэхъунукъым; Ианнийрэ Иамврийрэ я делагъэр цӀыху псомкӀи нэрылъагъу зэрыхъуам хуэдэу, апхуэдэхэм я делагъэри цӀыху псомкӀи нэрылъагъу хъунущ.
10
Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.
11
Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ.
12
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ.
13
ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.
14
Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри.
15
Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.
16
Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀащ. ЦӀыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщӀэнкӀи, уегиинкӀи, бгъэдэӀуэнкӀи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукӀэр ебгъэщӀэнкӀи щхьэпэщ а псалъэхэр.
17
Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4