bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Colossians 4
Colossians 4
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
1
Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.
2
Тхьэм зэпымыуэ фелъэӀу. Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, фымыжейуэ фысакъ, Тхьэм и фӀыщӀи фщӀы.
3
Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.
4
А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуэтэн хуейм тету, нахуэу яхуэсӀуэтэну Тхьэм фысхуелъэӀу.
5
Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.
6
Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащӀэ.
7
ФӀыуэ тлъагъу ди къуэш Тихик си хъыбар псори фигъэщӀэнущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхумкӀэ пэжыгъэкӀэ дэ къыддоӀэпыкъу икӀи къыддолажьэ.
8
Мы Ӏуэху дыдэр арщ, ди Ӏуэхухэр зытетыр фигъэщӀэну, фигъэгушхуэну, Тихик фи деж ныщӀэзгъакӀуэр.
9
Абы и гъусэу узыщыгугъ хъуну икӀи фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Онисим нызогъакӀуэ. Ар фи цӀыхухэм ящыщщ. А тӀум мыбы щекӀуэкӀ Ӏуэху псори фагъэщӀэнущ.
10
Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.
11
ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.
12
Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.
13
Епафрас куэду фэ къызэрыфхуэлажьэмкӀи, ди къуэшу Лаодикие, Иерапол къалэхэм* дэсхэм куэду зэрахуэлажьэмкӀи сыщыхьэтщ.
14
Дэ фӀыуэ тлъагъу ди дохутыр Лукарэ Димасрэ фӀэхъус къывахыж.
15
Лаодикие къалэм дэс къуэшхэми, Нимфани, абы и унэ щызэхыхьэ члисэ зэхуэсми фӀэхъус схуефхыж.
16
Мы тхылъым феджа нэужь, Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэри мы тхылъым иреджэ. Фэри Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ныфхурагъэхьыну си тхылъым феджэ.
17
«Зиусхьэным уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур гъэзащӀэ», жыфӀи, Архипп схужефӀэж.
18
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
All chapters:
1
2
3
4
Recommended Reading
Commentary
Colossians Commentaries
→
Devotional
Colossians Devotional Guide
→
Get This Bible
Kabardian (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр) Study Bible
→