bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Ephesians 6
Ephesians 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
1
Фэ, бынхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фи адэмрэ фи анэмрэ федаӀуэ. Абы фытетмэ, фӀыщ, фызахуэщ.
2
«Уи адэмрэ уи анэмрэ щӀыхь яхуэщӀ», жиӀэри аращ япэ унафэу Тхьэм мыбыкӀэ дыкъигъэгугъэурэ:
3
«ФӀыгъуэ къохъулӀэн икӀи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкӀэ», жиӀэурэ.
4
Фэ, адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, атӀэ Зиусхьэным зэрыфӀэигъуэм тету фпӀы икӀи вгъасэ.
5
Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.
6
Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.
7
ЦӀыхухэм фазэрыхуэлажьэм хуэмыдэу, Зиусхьэным фызэрыхуэлажьэм хуэдэу, фи тепщэхэм фи гуапэу фахуэлажьэ,
8
сыт хуэдэ цӀыхуми, ар унэӀутми щхьэхуитми, фӀыгъуэ илэжьмэ, и ӀыхьэфӀыр Зиусхьэным абы къызэрылъигъэсынур фэ фощӀэ.
9
Фэ, тепщэхэ, фэри фи унэӀутхэм апхуэдэу фадэгъуэгурыкӀуэ, пхъашагъэкӀэ фадэмыгъуэгурыкӀуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэныкъуитӀми а зы Зиусхьэныр уафэм зэрыщывиӀэр фощӀэ. Ар цӀыхухэм я фэм еплъыркъым, атӀэ цӀыху псори абыкӀэ зэхуэдэщ.
10
ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.
11
Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ.
12
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.
13
Аращи, Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр къафщтэ, махуаер къыщыскӀэ, гъуэгум фыкъыщимыкӀуэтыжын икӀи псоми фатекӀуэу фи лъэ быдэкӀэ абы фытетын щхьэкӀэ.
14
Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэӀэ; Тхьэм дежкӀэ диӀэ щыпкъагъэри афэ джанэм хуэдэ зыщыфтӀагъэ.
15
Тхьэм езым дызэрызригъэкӀужам и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэфӀуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыфтӀагъэ.
16
Абыхэм нэмыщӀу, фӀэщхъуныгъэр мэӀуху хуэдэ къафщтэ. ШейтӀаным и шабзэ плъахэр абыкӀэ вгъэункӀыфӀын флъэкӀынущ.
17
ФымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыр тажым хуэдэ къафщтэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къывит джатэр къафщтэ. А джатэр Тхьэм и псалъэхэр арщ.
18
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.
19
Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.
20
Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.
21
Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ.
22
Ди Ӏуэхухэр зытетыр фигъэщӀэн, фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ ар фи деж ныщӀэзгъакӀуэр.
23
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.
24
МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
All chapters:
1
2
3
4
5
6