bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Philemon 1
Philemon 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
1
Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм,
2
ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей си гъусэу.
3
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
4
Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.
5
Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.
6
Дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ гъусэ укъытхуэхъуащ. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм фӀыуэ къытхуищӀэ псори уэрэ дэрэ зэхудиӀэ благъагъэм нэхъыфӀу къыдгуригъэӀуэну солъэӀу.
7
Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.
8
Аращи, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, блэжын хуеймкӀэ унафэ пхуэсщӀыну сытегушхуэ пэтми,
9
итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,
10
си къуэ Онисим щхьэкӀэ сынолъэӀу, лъэхъуэщым сыздыщӀэсым ар си къуэм хуэдэ хъуащи.
11
Япэм Онисим уэркӀэ сэбэпу щытакъым, ауэ ар иджы уэркӀи сэркӀи сэбэпщ.
12
Си псэм хуэдэу фӀыуэ слъагъу хъуа а цӀыхур иджы ныпхузогъэкӀуэж.
13
ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀэсыху, ар уи пӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щхьэкӀэ, си деж щызгъэӀэну сыхуейт,
14
ауэ уэ хуит сумыщӀауэ ар сщӀэну сыхуеякъым, уэ уи фӀыщӀагъэм хэгъэзыхь хэмылъу, ар уи гуапэу пщӀэн щхьэкӀэ.
15
Тхьэм Онисим пӀалъэкӀэ ппэӀэщӀэ щӀищӀар
16
унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.
17
Сэ сыбдэлажьэу сыплъытэмэ, сэ уэ укъызэрыспегъуэкӀынум хуэдэу, абыи пегъуэкӀ.
18
ЗыгуэркӀэ и ягъэ къокӀауэ щытмэ, е уи щӀыхуэ телъмэ, сэ си деж щылъагъу.
19
Сэ сы-Паулщ, щӀыхуэр сэ уэстыжынщ, си ӀэкӀэ сотх, ауэ Мэссихь уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си щӀыхуэ уэ зэрыптелъыр ныбжесӀэн хуейкъым.
20
Аращ, си къуэш, Зиусхьэным щхьэкӀэ уи фӀагъ къызэгъэкӀ. Зиусхьэныр уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си гур гъэзагъэ.
21
УкъызэрызэдэӀуэнум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу ныпхузотх. СынызэролъэӀум нэхърэ нэхъыбэ зэрыпщӀэнури сощӀэ.
22
НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.
23
Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас фӀэхъус къуехыж.
24
Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.
25
Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Jump to:
Chapter 1
All chapters:
1