bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Titus 2
Titus 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 3 →
1
Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэм утету цӀыхухэр бгъэӀущын хуейщ.
2
ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.
3
Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.
4
ИтӀанэ, Тхьэм и псалъэхэм Ӏей лъэпкъ хужамыӀэн щхьэкӀэ, а фызыжьхэм цӀыхубз ныбжьыщӀэхэм гурагъэӀуэн хуейщ ялӀхэмрэ я бынхэмрэ фӀыуэ ялъагъуну, гулъытэ яӀэну, гукъабзагъэкӀэ псэуну, я унагъуэхэм фӀыуэ якӀэлъыплъыну, фӀыуэ щытыну икӀи ялӀхэм яхуэӀурыщӀэну.
6
ЩӀалэхэми ягурыгъаӀуэ гулъытэ яӀэн зэрыхуейр.
7
ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.
8
Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.
9
УнэӀутхэри я тепщэхэм псомкӀи яхуэӀурыщӀэну, ягу зрагъэхьыным хущӀэкъуну икӀи япэмыпсэлъэжыну ущий.
10
Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.
11
ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.
12
Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэр мыхэращ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псэукӀэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми ди щӀыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диӀэу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр.
13
Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.
14
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
15
А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3