bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
2 Corinthians 12
2 Corinthians 12
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 11
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 13 →
1
Сызыщытхъужыным фӀагъ къыхэкӀыркъым. Зиусхьэным сигъэлъэгъуа икӀи къысхуигъэнэхуа Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэхэм сатепсэлъыхьынущ.
2
Мэссихь зи псэм щыщ лӀы гуэр соцӀыху. Илъэс пщыкӀуплӀ и пэкӀэ Тхьэм ар ещанэ уафэм нэс дрихьеящ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ.
3
Тхьэм а лӀыр уафэм дрихьейуэ, жэнэтым зэрыригъэхьар сощӀэ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ. Абы пхуэмыӀуэтэжын псалъэу цӀыхум къиӀуэтэжыну зыхуимытхэр зэхихащ.
5
А лӀым сыщытхъуну сыхуейщ; си щхьэкӀэ лъэкӀыныгъэ сэ зэрызимыӀэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ сызыщытхъужыну сыхуейкъым.
6
Сызыщытхъужыну сыхуеятэми, зэхэщӀкӀ зимыӀэм хуэдэу сыщытынтэкъым, пэжыгъэр жысӀэнути. Ауэ зызошыӀэ, цӀыху гуэрым сэ сщӀэ Ӏуэхухэр щилъагъукӀэ, е сэ къыжысӀэ псалъэхэр щызэхихкӀэ, сызэрыщытым нэхърэ нэгъуэщӀ гуэру сыкъащымыхъун щхьэкӀэ.
7
Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхушхуэхэм папщӀэ зыхэзмыӀэтыкӀыщэн шъхьэкӀэ, уз гуэр, банэм хуэдэу къысхэуэу, си пкъым хэлъ хъуащ. Ар шейтӀаным и ӀуэхутхьэбзащӀэм хуэдэщ. ЗыхэзмыӀэтыкӀыщэн щхьэкӀэ, а банэм къыстохьэлъэ.
8
А банэр схихыжыну Зиусхьэным щэнейрэ селъэӀуащ.
9
Ауэ Зиусхьэным къызжиӀащ: «Сэ си нэфӀ нызэрыпщыхуэр уэркӀэ ирикъунущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ лъэкӀыныгъэ уимыӀэ щыхъукӀэ, си лъэкӀыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Мэссихь и лъэкӀыныгъэ схэлъ хъун щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ зэрызимыӀэмкӀэ нэхъ си гуапэу сызыщытхъужынущ.
10
Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.
11
ЗэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сывэпсэлъащ, апхуэдэу сыпсэлъэну фэращ сезыхулӀар. Фэрат къысщытхъун хуеяр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ пщӀэ симыӀэми, а апостол ину жыхуэфӀэхэм нэхърэ зыкӀи сынэхъ цӀыкӀукъым.
12
Апостолу сызэрыщытыр къэзыгъэпэж Ӏуэхуу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри, Ӏуэху телъыджэхэри, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ Ӏуэхушхуэхэри фи деж шыӀэныгъэшхуэкӀэ сэ щызлэжьащ.
13
Сэ хьэлъэ сызэрыфтемыхъуам нэмыщӀу, адрей члисэ зэхуэсхэм сазэрыдэгъуэгурыкӀуам нэхърэ нэхъ Ӏейуэ сывдэгъуэгурыкӀуа? Хьэлъэ сызэрыфтемыхъуар къысхуэвгъэгъу.
14
Иджы фи деж ещанэу сынэкӀуэну сыхьэзырщ, ауэ хьэлъэ сыфтехъуэнукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сызыхуейр фи мылъкуракъым, фэращ. Бынхэм я адэ-анэхэм папщӀэ мылъку зэхуахьэсыну я пщэм дэлъкъым, адэ-анэхэращ я бынхэм папщӀэ мылъку зэхуэзыхьэсын хуейр.
15
Фэ фӀы дыдэу фыслъагъуу, фэ нэхъ мащӀэу фӀыуэ сыкъэфлъагъужу щыт пэтми, фи псэхэм щхьэкӀэ сиӀэу хъуар згъэкӀуэдыну икӀи си щхьэкӀэ зызгъэкӀуэдыжыну си гуапэщ.
16
Апхуэдэу ирехъу, хьэлъэ сыфтехъуакъым. ИтӀани хьилагъэ хэлъу сывдэгъуэгурыкӀуэу, фызыӀэщӀэзубыдауэ жывоӀэ.
17
Фи деж нэзгъэкӀуа лӀыхэм ящыщ гуэркӀэ сэ фи фӀагъ зэзгъэкӀа?
18
Тит фи деж нэкӀуэну селъэӀуащ, къуэшхэм ящыщуи зы гъусэ хуэсщӀащ. Тити фи фӀагъ зригъэкӀакъым, аракъэ? Дызэнэзэпсэу а зы гъуэгум дытетакъэ?
19
Мыпхуэдизу мыбы дыщӀыхэтыр фи пащхьэм зыщыдгъэхеиныр арауэ фи гугъэрэ? Ауэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и пащхьэм дыщыпсэлъащ, икӀи, фӀыуэ слъагъухэ, мы Ӏуэху псори щӀэтщӀэр гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фэдгъэгъуэтын щхьэкӀэщ.
20
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.
21
Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.
← Chapter 11
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 13 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13