bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
2 Corinthians 7
2 Corinthians 7
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 8 →
1
ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.
2
Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым.
3
Фэ фызгъэкъуэншэну аракъым ар сэ щӀыжысӀэр; нэхъапэми къызэрыжысӀам хуэдэу, дызэгъусэуи дыпсэуну, дызэгъусэуи дылӀэну ди гум фыхэлъщ.
4
КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.
5
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македонием дыщыкӀуа щыгъуэ, дипкъкӀэ гузэгъэгъуэ дгъуэтакъым, сыд хуэдэ лъэныкъуи гузэвэгъуэм дыхэтащ – зэныкъуэкъуныгъэхэми дыхэхуэрт, шынагъуэри ди гум илът.
6
Ауэ зигу кӀуэдахэм ягу зыгъэзагъэ Тхьэм Тит къызэрыкӀуамкӀэ дигу къигъэзэгъащ.
7
ИкӀи ар къызэрыкӀуам и закъуэкъым дигу къыщӀигъэзэгъар – Тит игу къызэрывгъэзэгъам и хъыбарми и фӀыгъэщ ар. Сыфлъагъуну куэду зэрыффӀэфӀари, фызэрыгъари, фыкъызэрысхуэгузэвари къытхуиӀуэтэжащ абы. Япэм нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэж сиӀэ хъуащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
8
Ныфхуэстха тхылъымкӀэ фи гур хэзгъэщӀами, абы сыхущӀегъуэжыркъым. СыщӀегъуэж пэтащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а тхылъым фи гур зэрыхигъэщӀар солъагъу, ауэ фи гур хигъэщӀауэ зэрыщытар зы зэман кӀэщӀ къудейкӀэщ.
9
Ауэ иджы согуфӀэ. СызыгъэгуфӀэр фи гур зэрыхэщӀар аркъым, атӀэ фи гухэщӀыныгъэм фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжыну зэрищӀар арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зэрыхуейм тету фи гур хэдгъэщӀащ. Аращи, ди ягъэ зыри фэдгъэкӀакъым.
10
ГухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фӀыуэ къыпэкӀуэр ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыныр арщ. Ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыным фӀыуэ къыхэкӀыр дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлырщ. Апхуэдэ гухэщӀыныгъэм ухущӀегъуэжынукъым, ауэ мы дунейм и гухэщӀыныгъэм Ӏейуэ къыпэкӀуэр лӀэныгъэрщ.
11
Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ.
12
Аращи, сыныфхуэтхами, мыхъумыщӀагъэр зыщӀар е мыхъумыщӀагъэ зрищӀар аркъым нэхъыбэу сызэгупсысар, ауэ дызэрыфхуэгузавэр Тхьэм и пащхьэм ныщыфхуэзгъэнэхуэну сыхуеящ.
13
А Ӏуэху псоми гузэгъэгъуэ къыдатащ. Ди гупсэхугъуэм къыхэхъуэурэ, фэ псоми Тит и гур зэрывгъэзэгъам щхьэкӀэ, ар зэрыгуфӀар щытлъагъум, дэри нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ диӀэ хъуащ.
14
Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ.
15
Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.
16
Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи сыфщыгугъ зэрыхъунур си гуапэщ.
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 8 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13