bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
2 Thessalonians 1
2 Thessalonians 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 2 →
1
Сэ сы-Паулщ. Фэ, Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.
2
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
3
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
4
Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.
5
Тхьэм хьэкум захуэ зэрищӀыр а Ӏуэху псоми къагъэнахуэ, теубыдагъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ гугъуехь зыхуэфщэч Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну къыфхуигъэфэщэнущи.
6
Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.
7
Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.
8
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.
9
А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.
10
Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.
11
Аращ фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ дыщӀелъэӀур. Тхьэм фыкъызэрыхуриджам тету, и быну фыщытыну къыфхуигъэфэщэну долъэӀу. Фи гухэлъыфӀ псори, фи фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ ӀуэхуфӀ псори и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ и кӀэм зэрынигъэсыным Тхьэм долъэӀу.
12
Ди Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм цӀыхухэм щӀыхьышхуэ хуевгъэщӀынущ абыкӀэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀи фэри щӀыхь фиӀэ хъунущ. Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ я нэфӀ къызэрыфщыхуэм тету апхуэдэу хъунущ.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3