bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
2 Thessalonians 3
2 Thessalonians 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
1
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.
2
Дэ цӀыху бзаджэ Ӏейхэм дащихъумэну Тхьэм фелъэӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэу щыткъым.
3
Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.
4
Ди унафэхэр зэрывгъэзащӀэмкӀэ икӀи зэрывгъэзэщӀэнумкӀэ Зиусхьэным дыфщегъэгугъ.
5
Тхьэм и фӀылъагъуныгъэми Мэссихь и теубыдагъэми фи гур Зиусхьэным хуреунэтӀ.
6
Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
7
Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.
8
ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.
9
ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.
10
Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.
11
Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.
12
Апхуэдэ цӀыхухэр Ӏэсэу лажьэурэ, езыхэм я щӀакхъуэ бзыгъэ яшхыжын щхьэкӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ яхудощӀ икӀи долъэӀу.
13
Фэ, ди къуэшхэ, мыр вжыдоӀэ: фӀы щӀэным зевт, фемыщу.
14
Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.
15
Фи бийм хуэдэ фемыплъ, атӀэ фи къуэшым хуэдэ гурывгъаӀуэ абы.
16
Гузэгъэгъуэ псори къыдэзыт Зиусхьэным сыт и лъэныкъуэкӀи гузэгъэгъуэ къыврет сыт щыгъуи. Зиусхьэныр фэ псоми гъусэ фхурехъу.
17
Сэ, Паул, си ӀэкӀэ мы фӀэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр:
18
Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
All chapters:
1
2
3