bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Galatians 1
Galatians 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 2 →
1
Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.
2
Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.
3
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
4
Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.
5
МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр абы ейщ. Ӏэмин.
6
Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Тхьэуэ зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджам и гъуэгу фытекӀыу, апхуэдэу псынщӀэу нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэм и гъуэгу фызэрытехьар ину согъэщӀагъуэ.
7
НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.
8
ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ.
9
ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.
10
Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.
11
Си къуэшхэ, сэ фхуэсӀуэта хъыбарыфӀыр цӀыхум къызэрыбгъэдэмыкӀар фщӀэну сыхуейщ.
12
Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.
13
Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.
14
Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.
15
Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым.
17
Сэ сяпэ апостол хъуа цӀыхуу Ерусалим дэсахэм я деж сыкӀуакъым, ауэ Аравие къэралым сыкӀуэри, Дамаск къалэм згъэзэжащ итӀанэ.
18
Илъэсищ щыдэкӀым, дызэрыщӀэн щхьэкӀэ Петр деж Ерусалим сыкӀуащ, абы деж махуэ пщыкӀутху сыщыӀащ.
19
Зиусхьэным и къуэш Екъуб нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым.
20
Ныфхуэстхар зэрымыпцӀымкӀэ Тхьэ соӀуэ.
21
Абы и ужькӀэ Сирие, Киликие хэкухэм сыкӀуащ.
22
Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.
23
Абыхэм цӀыхухэм мыпхуэдэу къызэрыжаӀэр зэхахыу щыта къудейщ: «Нэхъапэм гугъуехь дэзыгъэшэча лӀыуэ ди фӀэщхъуныгъэр зыгъэкӀуэдыну и ужь иту щытам а фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыфӀыр иджы цӀыхухэм яхуеӀуатэ».
24
Арати, сэр щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀырт.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6