bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Galatians 6
Galatians 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
1
Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.
2
Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ.
3
Зыгуэрым, цӀыкӀу пэтрэ, ину зилъытэжмэ, езым и щхьэрщ къигъэпцӀэжыр.
4
Езым и Ӏуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Ӏуэхур фӀымэ, нэгъуэщӀ цӀыхум и Ӏуэхум емыплъу, езым и Ӏуэхур зытетым ирипэгэн лъэкӀынущ,
5
хэти и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщи.
6
Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.
7
ЗыкъэвмыгъэпцӀэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцӀэнукъым. ЦӀыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ.
8
И гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цӀыхум кӀуэдыныгъэр игъуэтыжынущ. Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хьэсэм тезысэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ игъуэтынущ.
9
ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.
10
Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.
11
Флъагъурэ сэ си ӀэкӀэ ныфхуэстха къомыр!
12
Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ.
13
Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ.
14
Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.
15
Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.
16
Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.
17
ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ.
18
Ди къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фигухэм къащрехуэ. Ӏэмин.
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
All chapters:
1
2
3
4
5
6