bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
James 1
James 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 2 →
1
Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.
2
Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,
3
мы гугъуехьхэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр ягъэунэхуа нэужь, гугъу фехьурэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъунур фощӀэри.
4
Теубыдагъэм и Ӏуэхур и кӀэм нэвгъэс, сыт и лъэныкъуэкӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъун щхьэкӀэ.
5
Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.
6
Ауэ шэч химылъхьэу фӀэщхъуныгъэкӀэ ирелъэӀу, Тхьэм шэч хуэзыщӀыр хы толъкъуным адэкӀи мыдэкӀи зэридзу ихьым хуэдэщи.
7
Апхуэдэ цӀыхур иремыгугъэ Тхьэм зыгуэр къритыну.
8
Ар гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэ цӀыхущ, сыт хуэдэ Ӏуэхуми быдагъэ щиӀэкъым.
9
Къуэш тхьэмыщкӀэр Тхьэм зэриӀэтамкӀэ ирегуфӀэ.
10
Ауэ къулейр Тхьэм зэригъэцӀыкӀуамкӀэ ирегуфӀэ, удз гъэгъам хуэдэу кӀуэдыжынущи.
11
Дыгъэр къыщӀокӀ, къыдокӀуэтей, хуабэ дыдэ мэхъу. Хуабэм удзыр егъэгъу. Удз гъэгъар полъэлъыжри, и дахагъэр мэкӀуэдыж. Апхуэдэ дыдэу къулейри, и Ӏуэхухэм ятхьэкъуауэ, кӀуэдыжынущ.
12
И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.
13
ЦӀыху гуэр и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьым щыхуэзэкӀэ, «Тхьэр арщ сызыгъэунэхуу сыдезыгъэхьэхыр», жремыӀэ. Бзаджагъэм Тхьэр зыӀэпишэнукъым. Тхьэми зыри бзаджагъэ ищӀэну дишэхынукъым.
14
Езым и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэрщ, зыӀэпашэу икӀи зэщӀаубыдэу, а цӀыхур дэзыхьэхыр.
15
Хъуэпсэныгъэ Ӏейр уэндэгъу хъумэ, гуэныхь щӀэныр къелъху; гуэныхь щӀэнри нэгъэса щыхъукӀэ, ажалыр къелъху.
16
Си къуэш лъапӀэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ.
17
Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.
18
Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.
19
Си къуэш лъапӀэхэ, мыр зэвгъащӀэ. ДэӀуэнкӀэ хэти щӀэхыу ирехьэзыр, ауэ щӀэх иремыпсалъэ, щӀэхи иремыгубжь.
20
ЦӀыхур губжьмэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ илэжьыркъым.
21
Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.
22
Тхьэм и псалъэхэм федаӀуэ къудейкӀэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщӀэн хуейщ. Армырамэ, фи щхьэр къывогъэпцӀэж.
23
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а псалъэхэм едаӀуэу зымыгъэзащӀэр гъуджэкӀэ зэплъыж цӀыхум хуэдэщ.
24
Ар зоплъыжри, ӀуокӀыж икӀи и теплъэр зыхуэдэр асыхьэту щогъупщэж.
25
ИщӀэ псомкӀэ гъуэгу махуэ теува цӀыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фӀыуэ хэплъэ зэпыту икӀи зэдэӀуа Ӏуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащӀэрщ. Тхьэм и унафэр щыщӀагъэншэу икӀи нэгъэсауэ щытщи, цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет.
26
Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.
27
Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5