bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
James 2
James 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 3 →
1
Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ.
2
Дыщэ Ӏэлъын Ӏэрылъу, щыгъын лъапӀэхэр щыгъыу лӀы къулей гуэр фи зэхуэсым къыхыхьауэ, фаджэу хуэпауэ лӀы тхьэмыщкӀэ гуэри къыфхыхьауэ жытӀэнщ.
3
Щыгъын лъапӀэхэр зыщыгъ лӀым феплъурэ, «Моуэ къеблагъэ, къэтӀыс», жефӀэу, ауэ тхьэмыщкӀэм, «Модэ щыт», жефӀэу, е «Моуэ си лъакъуэхэм я деж къэтӀыс», жефӀэмэ,
4
абы щыгъуэ цӀыху зэхэгъэж фщӀауэ аркъэ? Гупсысэ Ӏей зиӀэ хеящӀэхэм яхуэдэ фыхъуакъэ?
5
Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.
6
Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?
7
Ахэракъэ зи гъуэгу фырикӀуэ Хьисэ Мэссихь и цӀэ лъапӀэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьхэр?
8
Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.
9
Ауэ цӀыхухэм я фэм феплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щымытмэ, гуэныхь фощӀэ, Тхьэм и унафэхэми фытекӀауэ къуаншагъэ влэжьауэ мэхъу.
10
Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу.
11
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Зинэ умыщӀэ» жызыӀам «ЦӀыху умыукӀ», жиӀащ. Аращи, зинэ умыщӀами, цӀыху гуэр букӀмэ, Тхьэм и унафэм утекӀауэ къокӀ.
12
Аращи, Тхьэм и унафэу цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ езытын зылъэкӀхэм тету Тхьэм хьэкум зытрищӀыхьыну цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу фыпсалъэ икӀи фыпсэу.
13
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
14
Си къуэшхэ, зыгуэрым фӀы имыщӀэу, «ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ», жиӀэмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр? Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэм а цӀыхур мыкӀуэду къригъэлын лъэкӀын?
15
Фи зы къуэш гуэрым е фи зы шыпхъу гуэрым щыгъыни махуэм ишхыни имыӀэу жытӀэнщ.
16
«Гъуэгу махуэ, фигу ирезагъэ. Зывгъэхуабэ икӀи шхынкӀэ зывгъэнщӀ», жиӀэу фщыщ гуэрым абыхэм яжриӀэу, ауэ зыхуэныкъуэр яримытмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр?
17
ФӀэщхъуныгъэм и Ӏуэхури апхуэдэщ. ФӀы зымыщӀэм и фӀэщхъуныгъэм псэ хэткъым.
18
Зыгуэрым къыжиӀэнкӀэ хъунщ: – Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэщ, сэ фӀыщӀагъэхэр сиӀэщ. Апхуэдэ цӀыхум сэ жесӀэнщ: – ФӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу уи фӀэщхъуныгъэр сыгъэлъагъу, сэ фӀыуэ злэжьымкӀэ си фӀэщхъуныгъэр уэзгъэлъагъунущ.
19
Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.
20
Уэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ цӀыху, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэм сэбэп къызэрыпымыкӀынур къыбгурызгъэӀуэну ухуей?
21
Ди адэшхуэ Ибрэхьим и къуэ Исхьэкъ тыхь щӀыпӀэм щытрилъхьэм, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ?
22
Аращи, Ибрэхьим и фӀэщхъуныгъэмрэ и фӀыщӀагъэхэмрэ зэрызэщӀыгъур уолъагъу. Ибрэхьим и фӀыщӀагъэхэращ и фӀэщхъуныгъэр нэгъэсауэ зыщӀар.
23
Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ». Тхьэм и ныбжьэгъукӀэ еджэ хъуащ абы.
24
Аращи, флъагъуркъэ, цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм и мызакъуэу, фӀыи зэрилэжьыращ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр.
25
Апхуэдэу, Рахав зи цӀэ псэжьым журт лӀыкӀуэхэр иригъэблагъэри, нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ щыщӀигъэпхъуэжым, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ?
26
Аращи, псэ зыхэмытыж пкъыр зэрыузджынтам хуэдэу, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэми псэ хэткъым.
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3
4
5