bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
James 5
James 5
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
1
Фэ, цӀыху бейхэр, фыкъэдаӀуэ. Насыпыншагъэу къыфлъысынум щхьэкӀэ фыгъ икӀи фыпыхьэ.
2
Фэ фи мылъкур фащ, фи щыгъынхэри хъуным яшхащ.
3
Фи дыщэри фи дыжьынри улъиящ. Ахэр зэрыулъияр щыхьатщ фэ фызэрыкъуаншэмкӀэ, абы фи пкъыр текӀуэдэжынущ, мафӀэм зэригъэкӀуэдынум хуэдэу. Мы дунейм иужьырей махуэхэм мылъку зэщыхуэфлъэсащ.
4
ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ.
5
Ахъшэ куэд зытевгъэкӀуадэурэ зывгъэтхъэжу мы дунейм фыщыпсэуащ. Былым гъашхэм хуэдэу, фэ фыщыфӀагъэжыну махуэм щхьэкӀэ гуэныхь щӀэнкӀэ зывгъэнщӀащ.
6
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур вгъэкъуаншэри фукӀащ. Ар фэ къыфпэувакъым.
7
Аращи, си къуэшхэ, Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, шыӀэныгъэ зивгъэӀэ. МэкъумэшыщӀэм щӀым хиса жылэ лъапӀэр къэкӀыу гъавэ хъуху зэрыпэплъэм феплъ. Ипэрей уэшхри иужьрей уэшхри къешхыху, шыӀэныгъэ иӀэу поплъэ ар.
8
Апхуэдэу, фэри шыӀэныгъэ зивгъэӀэ, фигу вгъэбыдэ Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащи.
9
Си къуэшхэ, зыр зым щхьэкӀэ фымытхьэусыхэ, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн папщӀэ. ХеящӀэр бжэӀупэм Ӏутщ.
10
Си къуэшхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ къэпсэлъа бегъымбархэм щапхъэ ятефх. Гугъуехь яшэч щыхъум, шыӀэныгъэ зрагъэӀащ.
11
Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.
12
Си къуэшхэ, псоми япэу, тхьэ фымыӀуэ. УафэмкӀи, щӀылъэмкӀи, сыт ищӀыскӀи тхьэ фымыӀуэ. «Аращ», жыфӀэу щытмэ, ар вгъэпэж. «Хьэуэ, аракъым», жыфӀэу щытмэ, ари вгъэпэж, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ.
13
Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ.
14
Фщыщ гуэр сымаджэмэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр кърыреджэ. Абыхэм Зиусхьэным и цӀэкӀэ сымаджэм дагъэ щрехуи, хурелъаӀуэ,
15
фӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм зэрелъэӀум щхьэкӀэ сымаджэр хъужынущ. Зиусхьэным ар къызэфӀигъэувэжынущ. Гуэныхь ищӀами, къыхуигъэгъунущ.
16
Аращи, Тхьэм фигъэхъужын щхьэкӀэ, фи гуэныхьхэмкӀэ зым адрейм и пащхьэм зыщывумысыжри, зыр адрейм папщӀэ Тхьэм фелъэӀу. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀум лъэкӀыныгъэ иӀэщ икӀи куэд лъокӀ.
17
Иляс бегъымбарыр дэ дэщхь цӀыхуу щытащ. Уэшх къемышхын щхьэкӀэ, и фӀэщу Тхьэм елъэӀури, илъэсищрэ мазихкӀэ щӀым уэшх къытешхакъым.
18
Абы и ужькӀэ Тхьэм аргуэру елъэӀури, Тхьэм уэшх къригъэшхащ, щӀым хэлъ жылэхэм къэкӀыу щӀадзэжащ.
19
Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэр щыпкъагъэм и гъуэгум текӀ хъумэ, ар гъуэгу занщӀэм тезыгъэхьэжым мыр ирырещӀэ:
20
Гъуэгу пхэнжым тет гуэныхьыщӀэ цӀыхур гъуэгу захуэм тезыгъэхьэж дэтхэнэми адрейр ажалым къыӀэщӀишыжынурэ, гуэныхь куэди къыхуэгъужынущ.
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
All chapters:
1
2
3
4
5