bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Luke 17
Luke 17
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 18 →
1
– ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
2
– Абы мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дригъэхьэх нэхърэ, щхьэл мывэ и пщэм кӀэращӀэу хым хадзатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
3
Аращи, фызыхуэсакъыж! – Уи къуэшым гуэныхь ищӀэмэ, ар зэрыгуэныхьыр жеӀэ икӀи ар щӀегъуэжмэ, хуэгъэгъу.
4
Зы махуэм и кӀуэцӀкӀэ уэркӀэ блэнейра гуэныхь ищӀэмэ, къигъэзэжу, «СыщӀегъуэжащ», жиӀэмэ, хуэгъэгъу.
5
– ФӀэщхъуныгъэу диӀэм къытхухэгъахъуэ, – къыжраӀащ апостолхэм Зиусхьэным.
6
– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.
7
– Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы?
8
Хьэуэ, жриӀэнукъым. ЖриӀэнур мыращ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр, уи цеикӀэр дэупщӀи, сэ сышхэху икӀи сефэху къысщхьэщыт. Абы и ужькӀэ ушхэну икӀи уефэну ухуитщ».
9
А унэӀутым хуэпщӀа унафэр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэпщӀыну? Си гугъэкъым.
10
Апхуэдэу, фэри, Тхьэм къыфхуищӀа унафэр вгъэзэщӀа нэужь, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Дэ пщӀэ зимыӀэ дыунэӀутщ. Дэ тщӀар тщӀэн хуеиуэ щытар тщӀауэ».
11
Хьисэ Ерусалим кӀуэуэ, Самарие, Галилей хэкухэм кӀуэцӀрыкӀырт.
12
Жылэ гуэрым дыхьэ пэтрэ, уэшын уз зыпкърыт лӀипщӀ къыӀущӀащ. Жыжьэу къэуври,
13
макъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: – Хьисэ, гъуазэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
14
Ахэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – ФыкӀуи, дин пашэхэм закъевгъэлъагъу. Ахэр гъуэгум здрикӀуэм, къабзэ хъуурэ, я узыр якӀэрыхужащ.
15
Абыхэм ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ фӀыщӀэ хуищӀурэ къигъэзэжащ.
16
Хьисэ и лъабжьэм бгъэгукӀэ зыщӀидзэри, фӀыщӀэ хуищӀащ. А лӀыр Самарие хэкум щыщт.
17
– ЛӀипщӀыр къабзэ хъужакъэ? – жиӀащ Хьисэ. – Адрей лӀибгъур дэнэ щыӀэ?
18
Мы лӀы хамэ закъуэм фӀэкӀа, къигъэзэжу Тхьэм фӀыщӀэ хуэзыщӀын зыри къахэмыкӀауэ аракъэ?
19
Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Къэтэджи, кӀуэж. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
20
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сыт щыгъуэ къэкӀуэну? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым,
21
икӀи цӀыхухэм, «Мис, ар мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», жаӀэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр фэ къыфхэтщ.
22
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и махуэхэм щыщу зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми флъагъуну фыщыхуей зэман къэунэхунущ, ауэ фэ флъагъунукъым.
23
«Мис, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», къывжаӀэнущ, ауэ абы фымыкӀуэ икӀи а цӀыхухэм факӀэлъымыжэ;
24
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы уафэ гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, къыщыкӀуэжыну махуэм деж ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэлъэгъуэжынущ.
25
Ауэ абы гугъуехь куэд ишэчын икӀи иджырей цӀыхухэм ар зыхагъэкӀын хуейщ япэщӀыкӀэ.
26
– Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ.
27
ЦӀыхухэр шхэрт, икӀи ефэрт, къашэрт икӀи дэкӀуэрт абы щыгъуэ, Нухь кхъухьым щитӀысхьэну махуэм нэсыху. ИтӀанэ псыдзэр къащӀэуэри, абы псори хэкӀуэдащ.
28
– ЛутӀ бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр апхуэдэу щытащ: ЦӀыхухэр шхэрт икӀи ефэрт, зыгуэрхэр къащэхурт икӀи ящэрт, жылэ ясэрт, унэхэри ящӀырт.
29
Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.
30
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.
31
А махуэм унащхьэм тетыр унэм щӀэлъ и хьэпшыпхэр здищтэну щӀремыхьэж. Губгъуэм итми унэм къремыгъэзэж.
32
ЛутӀ и фызым къыщыщӀар фигу къэвгъэкӀыж.
33
Зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну и ужь ит дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.
34
Сэ нывжызоӀэ, зы пӀэм цӀыхуитӀ хэлъынущ а жэщым, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.
35
ЦӀыхубзитӀым гуэдз зэдахьэжынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.
36
Губгъуэм цӀыхуитӀ итынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.
37
– Дэнэ ар къыщыхъунур, Зиусхьэн? – еупщӀащ ахэр Хьисэ. – Псэущхьэ лӀа здэщыӀэм бгъэжьхэр щызэхуэсынущ, – яжриӀащ Хьисэ.
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 18 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24