bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Luke 8
Luke 8
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 9 →
1
Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.
2
Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар,
3
пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.
4
Дэтхэнэ жылэми къикӀыурэ цӀыху гупышхуэ къызэхуэсауэ, цӀыхухэр Хьисэ деж къыщекӀуалӀэм, мы ущие хъыбарыр абыхэм яхуиӀуэтащ:
5
– Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар лъэгукӀэ хаутэри, къуалэбзухэм ящыпащ.
6
ЩӀы мывалъэми хэлъэлъащ жылэм щыщ. Ахэр къыщыхэкӀри, псы зэрамыгъуэтым щхьэкӀэ, гъужащ.
7
А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм абыхэм щӀыгъуу зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар банэхэм ятхьэлащ.
8
А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀри, щхьэмыжхэр къапыкӀащ, зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ хъуащ. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
9
И гъуэгу ирикӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ: – Мы ущие хъыбарым сыт къикӀыр?
10
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».
11
– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.
12
ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.
13
Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.
14
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.
15
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
16
– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.
17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыну гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну икӀи нахуэ мыхъужыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым.
18
Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.
19
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ езым деж къэкӀуащ, ауэ цӀыхур Ӏувти, къыбгъэдыхьэфакъым.
20
Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ хъыбар кърагъэщӀащ: – Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ, – жаӀэри.
21
– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.
22
Махуэ гуэрым, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэри, яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ. Арати, ежьащ.
23
Кхъуафэжьейм ису здэкӀуэм, Хьисэ Ӏурихащ. Гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейщ, кхъуафэжьейм псы из хъууэ хуежьэри, шынагъуэшхуэм хэхуащ.
24
Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.
25
Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.
26
Галилей хэкум къыпэщылъ хэкуу Гадарэ зи цӀэ къалэр зэрытым кхъуафэжьеймкӀэ нэсащ ахэр.
27
Кхъуафэжьейм къикӀыу, Хьисэ псы Ӏуфэм щытехьэм, къалэм щыщу, жин бзаджэхэм яӀыгъ лӀы гуэр къыпежьащ. А лӀым куэд щӀауэ щыгъын щыгъыжтэкъым, унэм щыпсэужтэкъым, атӀэ кхъэлэгъунэхэм хэст.
28
Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
29
Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.
30
– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.
31
Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.
32
А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт. Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ а кхъуэхэм я пкъхэм хыхьэну хуит ищӀыну. Хьисэ ахэр хуит ищӀащ.
33
Асыхьэтым жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым псори итхьэлащ.
34
Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ.
35
Къэхъуар зрагъэлъагъуну, цӀыхухэр дэкӀащ. Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ, Хьисэ и лъапэм деж щысу ирихьэлӀащ. Ар щалъагъум, хуабжьу къэшынащ.
36
Къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэр зыхэса лӀыр Хьисэ зэригъэхъужар яӀуэтэжащ.
37
Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.
38
Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.
39
– Уи унэм кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. ИтӀанэ иутӀыпщыжащ. ЛӀыр кӀуэжри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэшхуэр къалэм щиӀуэтэжащ.
40
Хьисэ къыщигъэзэжым, цӀыху гупышхуэ къыпежьащ, цӀыху псори абы пэплъэрти.
41
Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къакӀуэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри къелъэӀуащ: «Си унэм накӀуэ», жиӀэри.
42
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът. Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ.
43
А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.
44
А цӀыхубзыр, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ. Абы зэреӀусэу, лъы щӀэкӀыныр увыӀащ.
45
– Хэт къызэӀусар? – жиӀащ Хьисэ. Зыми зыщамыумысым, Петр жиӀащ: – Гъуазэ, цӀыхухэм укъаувыхьауэ къызэрыптезэрыгуэр плъагъуркъэ?
46
– Сэ зыгуэр къызэӀусащ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къару зэрысхэкӀар зыхэсщӀащи.
47
ЦӀыхубзыр зибзыщӀыну Ӏэмал зэримыӀэжыр къыщыгурыӀуэм, кӀэзызу къыӀухьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, къыщӀеӀусари асыхьэтым зэрыхъужари цӀыху псоми я пащхьэм щыжиӀащ.
48
– Сипхъу, уэ уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.
49
Хьисэ здэпсалъэм, синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀа гуэр къыбгъэдыхьэри къыжриӀащ абы: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр гугъу йомыгъэхь.
50
Ар щызэхихым, Хьисэ Иаир жриӀащ: – Умышынэ уэ. ФӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей. Уи пхъур къэхъужынущ.
51
Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым.
52
ЦӀыху псоми хьэдагъэ ящӀурэ, я бгъэгухэм еуэжырт. Хьисэ жиӀащ: – Хьэдагъэ фымыщӀ. Ар лӀакъым, мэжей.
53
Ауэ абыхэм ар зэрылӀар ящӀэрти, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ.
54
Хьисэ хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жиӀащ: – КъызэфӀэувэ, си хъыджэбз.
55
И псэр къыхыхьэжри, хъыджэбз цӀыкӀур асыхьэтым къызэфӀэуващ. Ар ягъэшхэну яжриӀащ Хьисэ.
56
Хъыджэбзым и адэ-анэм хуабжьу ягъэщӀэгъуащ, ауэ Хьисэ унафэ яхуищӀащ къэхъуар зыми хуамыӀуэтэжыну.
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 9 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24