bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Luke 3
Luke 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 4 →
1
Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.
2
Аннэрэ Кайафэрэ дин пашэшхуэт. А махуэхэращ Зэчрей и къуэ Иуану губгъуэ нэщӀым щыпсэууэ щытам Тхьэм и псалъэхэр къыщыхуехар.
3
Иуан, Иорданыпсым и Ӏэхэлъахэ псори къызэхикӀухьым, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
4
Мы Ӏуэху псори къэхъуащ Ешайа бегъымбарым и псалъэхэр зэрыт тхылъым зэритым хуэдэу, «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ.
5
Дэтхэнэ къуэладжэри исеинущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр захуэ хъунущ, гъуэгу къургъакъхэр джафэ хъунущ.
6
ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».
7
Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?
8
Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.
9
Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи, фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
10
ЦӀыхубэр Иуан къеупщӀащ: – Сыт атӀэ дэ тщӀэн хуейр?
11
– ДжанитӀ зиӀэм я зыр зимыӀэм ирырет! – яжриӀащ абыхэм. – Шхын зиӀэми шхын зимыӀэм ирырет!
12
Хьэкътын ахъшэр хэзых цӀыхухэр, зрагъэумэхъын щхьэкӀэ, Иуан деж къакӀуэри къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?
13
– ЦӀыхухэм къеӀыфхын хуейм нэхъыбэ къеӀывмых, – яжриӀащ абыхэм.
14
– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан. – Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.
15
– Мы Иуаныр Мэссихьу жыхуаӀэр армырауэ пӀэрэ? – жаӀэурэ гугъэ ящӀу, цӀыху псори ягукӀэ зэупщӀыжырт.
16
– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.
17
Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ абы, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
18
Апхуэдэу, Иуан цӀыхухэм нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди яригъащӀэурэ, хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт.
19
Езым и къуэшыр псэу пэтми, абы и фыз Иродиадэ къызэришэжам щхьэкӀи нэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэу илэжьа псом щхьэкӀи Иуан пщы Ирод егиящ.
20
Ирод а мыхъумыщӀагъэу илэжьа псоми хигъахъуэурэ, и зауэлӀхэм Иуан лъэхъуэщым щӀрыригъэдзащ.
21
Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,
22
тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.
23
И лэжьыгъэм щыщӀидзам, Хьисэ илъэс щэщӀым итт. ЦӀыхухэм зэрагугъамкӀэ, ар Исуф и къуэщ. Исуф Илий и къуэщ.
24
Илий Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ. Левий Мелхий и къуэщ. Мелхий Ианнай и къуэщ. Ианнай Исуф и къуэщ.
25
Исуф Маттафий и къуэщ. Маттафий Амос и къуэщ. Амос Наум и къуэщ. Наум Еслим и къуэщ. Еслим Наггей и къуэщ.
26
Наггей Мааф и къуэщ. Мааф Маттафий и къуэщ. Маттафий Семей и къуэщ. Семей Исуф и къуэщ. Исуф Иудэ и къуэщ.
27
Иудэ Иоаннан и къуэщ. Иоаннан Решай и къуэщ. Решай Зоровавел и къуэщ. Зоровавел Салафиил и къуэщ. Салафиил Нирий и къуэщ.
28
Нирий Мелхий и къуэщ. Мелхий Аддий и къуэщ. Аддий Косам и къуэщ. Косам Елмодам и къуэщ. Елмодам Ир и къуэщ.
29
Ир Иосие и къуэщ. Иосие Елиезер и къуэщ. Елиезер Иорим и къуэщ. Иорим Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ.
30
Левий Симеон и къуэщ. Симеон Иудэ и къуэщ. Иудэ Исуф и къуэщ. Исуф Ионан и къуэщ. Ионан Елиаким и къуэщ.
31
Елиаким Мелеай и къуэщ. Мелеай Майнан и къуэщ. Майнан Маттафай и къуэщ. Маттафай Нафан и къуэщ. Нафан Даут и къуэщ.
32
Даут Иессе и къуэщ. Иессе Овид и къуэщ. Овид БоӀаз и къуэщ. БоӀаз Салмон и къуэщ. Салмон Наасон и къуэщ.
33
Наасон Аминадав и къуэщ. Аминадав Арам и къуэщ. Арам Есром и къуэщ. Есром Фарес и къуэщ. Фарес Иудэ и къуэщ.
34
Иудэ Екъуб и къуэщ. Екъуб Исхьэкъ и къуэщ. Исхьэкъ Ибрэхьим и къуэщ. Ибрахьим Тэрахъ и къуэщ. Тэрахъ Нахъор и къуэщ.
35
Нахъор Серух и къуэщ. Серух Рагав и къуэщ. Рагав Фалек и къуэщ. Фалек Евер и къуэщ. Евер Салэ и къуэщ.
36
Салэ Кайнан и къуэщ. Кайнан Арфаксад и къуэщ. Арфаксад Щэм и къуэщ. Щэм Нухь и къуэщ. Нухь Ламех и къуэщ.
37
Ламех Мафусал и къуэщ. Мафусал Енох и къуэщ. Енох Иаред и къуэщ. Иаред Малелеил и къуэщ. Малалеил Кайнан и къуэщ.
38
Кайнан Енощ и къуэщ. Енощ Щэт и къуэщ. Щэт Адэм и къуэщ. Адэм Тхьэм ейщ.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24