bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Luke 21
Luke 21
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 22 →
1
Тхьэм и унэшхуэм щӀэту щыплъэм, Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр цӀыху бейхэм пхъуантэхэм далъхьэу илъэгъуащ Хьисэ.
2
ЯкӀэлъыплъурэ фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэрми гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ пхъуантэм дилъхьэу илъэгъуащ.
3
– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – мы фызабэ тхьэмыщкӀэм адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;
4
мобыхэм къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, а фызабэм зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту дилъхьащ пхъуантэм.
5
Мывэ дахэхэмкӀэ икӀи тыгъэу цӀыхухэм Тхьэм хуащӀамкӀэ Тхьэм и унэшхуэр екӀуу гъэщӀэрэщӀауэ зэрыщытым цӀыху гуэрхэр щытепсэлъыхьым, Хьисэ жиӀащ:
6
– Мыбдежым щыфлъагъуращ: мывитӀ къызэтемынэжу, псори къыщызэтекъутэну махуэхэр къэсынущ.
7
– Дин егъэджакӀуэ, уэ а жыхуэпӀэ Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур икӀи ахэр къызэрыхъунум и нэщэнэхэр сыт? – къеупщӀащ ахэр.
8
– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.
9
Зауэхэм я хъыбархэмрэ цӀыхухэм къэралхэм я гъэпсыкӀэр якъутэжыну къызэрызэщӀэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.
10
– Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ, – яжриӀащ Хьисэ.
11
– ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ икӀи уз зэрыцӀалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ. УафэмкӀи шынагъуэшхуэ нэщэнэхэр къикӀынущ.
12
– Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ.
13
Апхуэдэу щыхъукӀэ, абыхэм я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъунущ.
14
Ауэ мыр фигу ифлъхьэ: Зывгъэхеин щхьэкӀэ, нэхъапэ щӀыкӀэкӀэ вгъэхьэзырыным фыпымылъ;
15
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.
16
Фэ фи адэ-анэхэми, фи къуэшхэми, фи благъэхэми, фи ныбжьэгъухэми тепщэныгъэ зиӀэхэм фрагъэубыдынущ, фщыщ гуэрхэри яукӀынущ.
17
Фэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.
18
Ауэ зы щхьэц налъи фи щхьэцым хэкӀуэдыкӀынукъым.
19
Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.
20
– Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукӀэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщӀэнущ.
21
Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж абы щыгъуэ, къалэм дэсхэри абы дрекӀыж, губгъуэм итхэри къалэм дремыхьэж.
22
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори, пэж хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀахэр Тхьэм щаригъэпшыныжын махуэщ ахэр.
23
ЦӀыхубз лъэщыджэхэмрэ сабий быдзафэ зиӀэхэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувэнущ а махуэхэм. Мы къэралым и цӀыхухэр гугъуехьышхуэ хэхуэнущ, Тхьэри мы лъэпкъым ину къыхуэгубжьынущ.
24
Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.
25
– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ. ЩӀым тет лъэпкъхэм ящӀэнур ямыщӀэурэ ягухэр кӀуэдынущ. Хыри ину къэукъубеинурэ, и макъ шынагъуэр къэӀунущ.
26
Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ.
27
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.
28
А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.
29
Хьисэ ущие хъыбар гуэр яжриӀащ итӀанэ: – Ахъуо жыгымрэ адрей жыг псомрэ феплъ.
30
Жыгхэм къэтӀэпӀу щыщӀадзэкӀэ, зыми къывжимыӀэми, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.
31
Апхуэдэу, мы Ӏуэхухэр къэхъуу щыфлъагъукӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуар зэвгъащӀэ.
32
– Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, а Ӏуэху псори къэхъунущ.
33
Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.
34
– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.
35
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэр щӀы гущӀыӀум щыпсэу цӀыху псоми хъым хуэдэу къащхьэрипхъуэнущ.
36
Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
37
Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ, ауэ жэщ къэскӀэ къалэм дэкӀырти, Елеон Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.
38
Жьыуэ, пщэдджыжь къэс, Хьисэ едэӀуэну цӀыху псори, Тхьэм и унэшхуэм кӀуэрт.
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 22 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24