bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Mark 16
Mark 16
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 15
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
1
Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.
2
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм жьы дыдэу, дыгъэр къыщӀэкӀа къудейуэ, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.
3
Абыхэм жаӀащ: – Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм Ӏулъ мывэшхуэр хэт къытхуӀуигъэукӀуриикӀын?
4
Плъэмэ, мывэшхуэр – ар мывэ ин дыдэт – ӀугъэукӀуриикӀауэ ялъэгъуащ.
5
Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.
6
– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.
7
Ауэ фэ фыкӀуи, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэмрэ яжефӀэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. КъызэрывжиӀам тетуи, ар абы щыфлъагъунущ».
8
ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.
9
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.
10
Хьисэ и гъусэу щытауэ, иджы щыгъуэрэ гъыуэ къызэхэнахэм я деж кӀуэри, къэхъуар Мэрием яхуиӀуэтащ.
11
Хьисэ зэрыпсэур икӀи Мэрием ар зэрилъэгъуар щызэхахым, я фӀэщ хъуакъым.
12
И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ губгъуэмкӀэ кӀуэ пэтрэ, нэгъуэщӀ теплъэ иӀэу, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ итӀанэ.
13
Абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэм хъыбарыр хуаӀуэтэжащ, ауэ абыхэм я фӀэщ хъуакъым.
14
Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.
15
– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.
16
Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.
17
Мы нэщэнэхэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ядэфлъагъунущ: Сэ си цӀэкӀэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр къыхахунущ; ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэнущ;
18
я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.
19
Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.
20
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьауэ, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр дэнэкӀи щрагъэдаӀуэрт. Абыхэм къадэӀэпыкъуурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэну езым и псалъэхэм дыщӀигъуу щытахэмкӀэ Зиусхьэным а псалъэхэр игъэщыпкъащ. Ӏэмин.
← Chapter 15
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16