bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Mark 7
Mark 7
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 8 →
1
Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.
2
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ӏэ фӀейкӀэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу, шхэуэ ялъэгъуащ абыхэм.
3
Ар ягъэщӀэгъуащ, фарисейхэри адрей журт псори, я адэжьхэм къащӀэна хабзэмкӀэ, я Ӏэхэр ямытхьэщӀауэ шхэркъыми.
4
Бэзэрым къикӀыжмэ, замыгъэкъэбзауэ шхэркъым. А хабзэм нэмыщӀ, я адэжьхэм къащӀэна хабзэ куэд зэрахьэ абыхэм, псалъэм папщӀэ, фалъэхэр, къубгъанхэр, лэгъупхэр ятхьэщӀыныр.
5
Арати, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр, адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм темыту, Ӏэ фӀейкӀэ сыт щӀэшхэр?
6
Ешайа бегъымбарым фэ бзитӀщхьитӀхэм къыфтеухуауэ пэжыр жиӀэгъащ, – къаритащ жэуап Хьисэ. – Мыпхуэдэу итщ абы и тхылъым: «Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ пэтми, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.
7
Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
8
Тхьэм и унафэр къэвгъэнауэ, цӀыхухэм къащӀэна хабзэхэм фытетщ.
9
Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ.
10
– Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ», икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ».
11
Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэ фэстын слъэкӀыну щытар иджы къурмэн сщӀынущ, жиӀэмэ, (абы къикӀыр: Тхьэм щхьэкӀэ тыгъэ сщӀынущ),
12
абы щыгъуэ а цӀыхум и адэм е и анэм зыри хуимыщӀэну хуитщ».
13
Абы фытетурэ, фи адэжьхэм я хабзэу фи къуэхэм къахуэвгъанэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. Апхуэдэ Ӏэджи фощӀэ фэ.
14
ЦӀыху гупышхуэр аргуэру къриджэри, Хьисэ яжриӀащ: – Фэ псори фыкъызэдаӀуэ икӀи мы жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.
15
ЦӀыхур мыкъабзэ ищӀын зылъэкӀыр абы ишх ерыскъыракъым, атӀэ цӀыхум и гум къикӀырщ.
16
ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
17
Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.
18
– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?
19
ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)
20
– ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ.
21
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,
22
нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.
23
Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.
24
А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.
25
Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ.
26
А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.
27
– Сабийхэм зегъэгъэнщӀ япэщӀыкӀэ, – жриӀащ Хьисэ а цӀыхубзым. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сабийхэм щӀакхъуэр къаӀэщӀэпхыу, хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.
28
– Пэжщ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – ауэ Ӏэнэ щӀагъым щӀэс хьэхэми яшх сабийхэм къаӀэщӀэхуа щӀакхъуэ щыкъуейхэр.
29
– А псалъэр зэрыжыпӀам щхьэкӀэ жин бзаджэр уи пхъум хэкӀыжащ, – жиӀащ Хьисэ. – Уи унэ кӀуэж!
30
ЦӀыхубзыр унэм кӀуэжри, жин бзаджэр хэкӀыжауэ, и пхъур пӀэм хэлъу ирихьэлӀэжащ.
31
Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.
32
ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашэри, и Ӏэр абы трилъхьэну, Хьисэ къелъэӀуащ.
33
Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ.
34
Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)
35
ЛӀым и тхьэкӀумэхэм зэхах хъужащ а дакъикъэ дыдэм, и бзэри къиутӀыпщыжри, къабзэу псалъэу щӀидзэжащ.
36
Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.
37
Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 8 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16