bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Mark 6
Mark 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 7 →
1
А щӀыпӀэм икӀыжри, и анэм и къалэм кӀуэжащ Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу.
2
Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!
3
Мэрием и къуэ пхъащӀэр аракъэ мыр – Екъуб, Иосий, Иудэ, Симон сымэ я къуэшыр? Абы и шыпхъухэри къытхэскъэ? Ар жаӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ мыхъун я гум кърагъэхьащ.
4
– Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэм, и благъэхэм, и унагъуэм щыщхэм язакъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
5
Хьисэ и Ӏэхэр сымаджэ гуэрхэм ятрилъхьэурэ зэригъэхъужам фӀэкӀа, а щӀыпӀэм Ӏуэху телъыджэ лъэпкъ щилэжьакъым.
6
Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.
7
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, тӀурытӀурэ иригъажьэу щӀидзащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ.
8
Унафи яхуищӀащ: – Гъуэгум фыщытехьэкӀэ, зы баш фӀэкӀ зыри здэвмыщтэ. ЩӀакхъуи, хъуржыни, фи бгырыпхым щӀэлъу ахъши здэвмыщтэ.
9
Вакъэ къызэрыгуэкӀхэр зылъыфтӀагъэ, ауэ джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ.
10
– Унэ гуэрым хьащӀэу феблагъэмэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
11
– ЩӀыпӀэ гуэрым фыщрамыгъэблагъэмэ е къыщывэмыдаӀуэмэ, а щӀыпӀэм фыкъыщикӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэ зэращӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун папщӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэлъэщэщыж. Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ яшэчыну гугъуехьыр нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
12
Арати, а цӀыху пщыкӀутӀыр гъуэгу техьэри, «Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж», жраӀэурэ, цӀыхухэм яхэпсэлъыхьу щӀадзащ.
13
Жин бзаджэ куэд цӀыхухэм хахурт икӀи сымаджэ куэд дагъэ щахуэурэ ягъэхъужырт абыхэм.
14
Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.
15
– Ар Иляс бегъымбарырщ, – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми. – Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
16
Ар щызэхихым, Ирод жиӀащ: – Зи щхьэр пезгъэупщӀа Иуаныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.
17
Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ езым и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат.
18
Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым».
19
Абы щхьэкӀэ Иродиадэ Иуан гужьгъэжь къыхуиӀэ хъуащ. Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ. Иродиадэ Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ хузэфӀэкӀыртэкъым.
20
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.
21
Иродиадэ зыщӀэхъуэпсар махуэ гуэрым къехъулӀащ. Къыщалъхъуа махуэр игъэлъэпӀэну, Ирод и къулыкъущӀэхэр, и дзэпщхэр, Галилей хэкум и пашэхэр, ефэ-ешхэшхуэ яхуищӀри, къригъэблэгъащ.
22
Иродиадэ и пхъур унэм къыщӀыхьэри, абыхэм я пащхьэ къыщыфащ. Иродрэ и хьэщӀэхэмрэ хъыджэбзыр ягу ирихьащ. – УзыхуеймкӀэ къызэлъэӀуи, узыщӀэлъэӀур пхуэсщӀэнщ, – жриӀащ пащтыхьым хъыджэбзым.
23
ИкӀи тхьэ хуиӀуащ: – Сыт ухуейми уэстынщ, си къэралым и ныкъуэм нэсыху.
24
Хъыджэбзыр унэм щӀэкӀри, и анэм еупщӀащ: – СыткӀэ селъэӀун? – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр къыуитыну елъэӀу.
25
Арати, хъыджэбзыр унэм къыщӀэлъэдэжри, пащтыхьым жриӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт иджыпсту.
26
Ар щызэхихым, пащтыхьыр хуабжьу къэнэщхъеящ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, и псалъэм текӀ хъужынутэкъым.
27
Арати, Иуан и щхьэр къихьыну унафэ хуищӀри, зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ асыхьэт дыдэм.
28
Ар кӀуэщ, Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀщ, щхьэр лагъэм илъу къихьри, хъыджэбзым къритащ, хъыджэбзым ар и анэм хуихьащ.
29
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.
30
Апостолхэр Хьисэ деж къыщызэхуэсыжащ икӀи ялэжьа псори цӀыхухэм ирагъэщӀа псори хуаӀуэтэжащ.
31
ЦӀыху къакӀуэ-накӀуэр апхуэдизкӀэ куэд хъуати, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуи ихуэжыртэкъым. Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ЩӀыпӀэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакӀуэ.
32
Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.
33
Ахэр кхъуафэжьейм ису зэрыӀукӀыр ялъагъуащ цӀыхухэм, куэдми къацӀыхужащ. Къалэ псоми дэс цӀыхухэр лъэсу къыдэжщ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ кхъуафэжьейкӀэ здэкӀуэ щӀыпӀэм нэмыс щӀыкӀэ, езыхэр нэсри щызэхуэсащ.
34
Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.
35
Махуэр щыхэкӀуатэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтащ.
36
Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ цӀыхухэр утӀыпщ, яшхын яӀэкъыми.
37
– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ДыкӀуэу, динар щитӀым и уасэ щӀакхъуэ къэтщэхун, мы цӀыхухэм едгъэшхын щхьэкӀэ? – къеупщӀащ адрейхэр.
38
– ЩӀакхъуэ дапщэ фэ фиӀэр? ФыкӀуи, феплъыт, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. ЯӀэм еплъри, жаӀащ: – ЩӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ диӀэщ.
39
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ яхуищӀащ цӀыху псори удзыпцӀэм хагъэтӀысхьэну.
40
Арати, цӀыхухэр гуп-гупу тӀысащ, зы гупыр щэ, зы гупыр щэ ныкъуэ хъууэ.
41
Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, цӀыхухэм хуагуэшын щхьэкӀэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. БдзэжьеитӀри цӀыху псоми яхуигуэшащ.
42
ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ.
43
Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэри бдзэжьей ныкъуэшххэри зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.
44
Шхахэр лӀы минитху хъурт.
45
Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ.
46
Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Ӏуащхьэм дэкӀуеящ, Тхьэм елъэӀуну.
47
Пщыхьэщхьэ щыхъуам, кхъуафэжьейр гуэлым и кум нэсат, Хьисэ и закъуэу щӀым къытенат.
48
Кхъуафэжьейм исхэм жьыр къажэхэуэрти, псыр хьэнцэхэмкӀэ гугъу ехьу зэрыщӀатхъур илъэгъуащ Хьисэ. Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы гущӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ. Абыхэм яблэкӀ хэтащ.
49
Псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэу щалъагъум, хьэдэджадэу къафӀэщӀри, зэрыгъэкӀиящ,
50
ар зылъэгъуа псори хуабжьу шынати. Хьисэ къэпсалъэри, абыхэм къажриӀащ асыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
51
Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,
52
сыту жыпӀэмэ ерыщ екӀуати, Хьисэ Ӏуэху телъыджэу щӀакхъуэхэмкӀэ илэжьар къагурыӀуэн ялъэкӀатэкъыми.
53
Ахэр гуэлым зэпрыкӀа нэужь, Геннисарет хэкум нэсри, хъурзэр ирадзыхащ.
54
Ахэр кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, Хьисэ цӀыхухэм къацӀыхужащ.
55
ЦӀыхухэм а Ӏэхэлъахэр къызэхакӀухьу, Хьисэ здэщыӀэу жыхуаӀа щӀыпӀэм сымаджэхэр алэрыбгъухэм телъу къахьу щӀадзащ.
56
Къуажи, къали, жыли, зэрыжаӀэу, Хьисэ дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм я сымаджэхэр зэхуэсыпӀэхэм щагъэгъуэлъырти, нэгъуэщӀ мыхъуми Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт икӀи щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 7 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16