bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Mark 3
Mark 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 4 →
1
Хьисэ синэгуэгум аргуэру щӀыхьащ. Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.
2
Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.
3
Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.
4
Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.
5
Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
6
Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.
7
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.
8
Абы илэжьа Ӏуэху псори зэхахати, Иудей хэкуми, Ерусалими, Идумей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкуми, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я лъэныкъуэкӀи цӀыху куэд къикӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ.
9
Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну.
10
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.
11
Хьисэ щалъагъукӀэ, абы и пащхьэм зыщрадзыхырти, жин бзаджэхэри зэрыгъэкӀийрт: «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаӀэурэ.
12
Езыр хэтми цӀыхухэм ирамыгъэщӀэн щхьэкӀэ, жин бзаджэхэм унафэ быдэ яхуищӀат Хьисэ.
13
Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ езыр зыхуейхэр къыщриджэм, ахэр къэкӀуащ.
14
ЦӀыху пщыкӀутӀ игъэуващ. Ахэр къыщӀигъэувар игъусэн икӀи цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм ирагъэдэӀуэну игъэкӀуэн щхьэкӀэщ.
15
Абы нэмыщӀуи, сымаджэхэр ягъэхъужын икӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахун щхьэкӀэ тепщэныгъэ яритащ.
16
Хьисэ игъэува цӀыху пщыкӀутӀыр мыхэращ: Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар;
17
Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ).
18
Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,
19
Иудэ Искариот. А Иудэращ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
20
Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.
21
Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.
22
Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
23
Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ: – ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур?
24
Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.
25
Абы ещхьу, зы унэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.
26
ШейтӀанри къэтэджу, езым и щхьэ пэувыжрэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, абы кӀэ иӀэщ, и кӀуэдыжыгъуэри къэсащ.
27
ЛӀы къарууфӀэ гуэрым и унэм щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зыми лъэкӀынукъым, а лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхэмэ. А лӀыр ипхмэ, и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.
28
Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхухэм я гуэныхь псори къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, Тхьэр сыт хуэдизкӀэ ягъэпцӀми.
29
Ауэ, ар хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым игъащӀэкӀэ къыхуэгъунукъым, ар мыгъужын гуэныхькӀэ къуаншэ мэхъу.
30
Хьисэ «Жин бзаджэм ар иӀыгъщ» жаӀэу абыхэм езым теухуауэ къызэрыжаӀарщ абы а псалъэр щӀыжиӀар.
31
Абы ирихьэлӀэу, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къэкӀуащ. ПщӀантӀэм ахэр здыдэтым, Хьисэ ирагъэджащ.
32
Хьисэ къыбгъэдэс цӀыхубэм къыжраӀащ: – Мес, уи анэри, уи къуэшхэри, уи шыпхъухэри къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтщи, къыпщӀоупщӀэ.
33
– Хэт си анэри си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
34
ИтӀанэ къыбгъэдэсхэм яхэплъэри жиӀащ итӀанэ: – Мыхэращ сэ си анэри си къуэшхэри.
35
Хэтми, Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16