bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Corinthians 1
1 Corinthians 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 2 →
1
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуну сыкъыхуриджащ. Ди къуэш Сосфенес си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.
2
Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.
3
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
4
Мэссихь фи псэм щыщу Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ хузощӀ.
5
Мэссихь фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сыт и лъэныкъуэкӀи Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуащ. Сыт и лъэныкъуэкӀи зэхэфщӀыкӀынуи фыпсэлъэнуи лъэкӀыныгъэ къывитащ,
6
Мэссихь хуэтщӀа щыхьэтыгъэр фи гум лъабжьэ хуищӀащи.
7
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.
8
Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.
9
Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.
10
Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.
11
Си къуэшхэ, фызэрызэгурымыӀуэр цӀыхубз Хлой и унагъуэм щыщхэм сагъэщӀащ.
12
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Фщыщ гуэрым жеӀэ: «Сэ Паул и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Кифэ и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Мэссихь и гупым сыщыщщ».
13
Мэссихь гуэша хъуа? Паул фэр щхьэкӀэ жорым ираӀулӀа? Е сэ, Паул, си цӀэкӀэ фаумэхъа?
14
Криспрэ Гайрэ фӀэкӀа фэ фщыщ зыри зэрызмыумэхъамкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.
15
Сэ си цӀэкӀэ яумэхъауэ зыми жиӀэн лъэкӀынукъым.
16
Пэжщ, Стефан и унагъуэм щыщхэри сыумэхъащ. Абыхэм нэмыщӀу зыгуэр сыумэхъауэ сщӀэркъым.
17
Мэссихь сыкъыщӀигъэкӀуар цӀыхухэр сыумэхъыну аракъым, атӀэ хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну арщ, цӀыхухэм акъылыфӀагъэ жыхуаӀэр зыхэлъ псалъэхэмкӀэ хъыбарыфӀыр ахуэсӀуэтэну аракъым. Апхуэдэу щымытмэ, Мэссихь жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым къарууэ хэлъыр кӀуэдыжынт.
18
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ.
19
Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр згъэкӀуэдынущ, губзыгъагъэ зиӀэхэми я губзыгъагъэу жыхуаӀэр сымыдэу лъэныкъуэ езгъэзынущ».
20
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ акъыл зиӀэ цӀыхур дэнэ щыӀэ? Торэт егъэджакӀуэ пашэр дэнэ щыӀэ? Мы зэманым щыщ цӀыхуу псалъэхэмкӀэ дэуэным хуэӀэзэр дэнэ щыӀэ? Тхьэм мы дунейм и акъылыфӀагъэр делагъэу къыщӀигъэщащ.
21
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.
22
Журтхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм хуейщ. Алыджхэри акъылыфӀагъэм мэлъыхъуэ.
23
Ауэ Мэссихьу жорым ираӀулӀам и хъыбару цӀыхухэм едгъащӀэр журтхэмкӀэ гурымыхьу щытщ, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм делагъэу ялъытэ.
24
Ауэ дэркӀэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэмкӀэ, журтми алыджми, Мэссихьщ Тхьэм и къарури и акъылыфӀагъэри.
25
Тхьэм и делагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм нэхърэ нэхъ акъылыфӀагъэщ, Тхьэм и къарууншагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я къарум нэхърэ нэхъ лъэщщ.
26
Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым.
27
Ауэ акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэр игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм акъылыншэу жыхуаӀэ цӀыхухэр Тхьэм къыхихащ. Къару зиӀэхэри игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм къару щызимыӀэхэри Тхьэм къыхихащ.
28
Мы дунейм и цӀыхухэм тхьэмыщкӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэри, зэрамыпэс цӀыхухэри Тхьэм къыхихащ. Апхуэдэу пщӀэ зимыӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэрщ Тхьэм къыхихар, пщӀэ зиӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэр игъэцӀыкӀун щхьэкӀэ.
29
Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар езым и пащхьэм зыри зыщыщымытхъужын щхьэкӀэщ.
30
Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.
31
Аращи, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зыр зым щытхъужын хъумэ, Зиусхьэным щретхъу».
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16