bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Corinthians 4
1 Corinthians 4
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 5 →
1
Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.
2
Ӏуэху гуэр зи пщэм дэплъхьэр узыщыгугъ хъуну цӀыхуу щытын хуейщ.
3
Фэри, нэгъуэщӀ цӀыхухэми сыкъызэрыфщыхъум сэркӀэ мыхьэнэ иӀэкъым. Сэри хьэкум зытесщӀыхьыжыркъым.
4
МыхъумыщӀэ лъэпкъ сигукӀэ зыдэсщӀэжыркъым сэ, ауэ абы къикӀыркъым сэ лажьэ гуэри симыӀэу; си Ӏуэхум хьэкум тезыщӀыхьыр Зиусхьэныращ.
5
Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.
6
Си къуэшхэ, фэркӀэ фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, вжесӀар Аполлосрэ си щхьэмрэ сытепсэлъыхьурэ вжесӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм фатемыкӀыну фэдгъэщӀэн щхьэкӀэ. Зы цӀыхум нэмыплъ иритурэ, нэгъуэщӀ цӀыхум ирипагэ зыри къыфхэтынукъым абы щыгъуэ.
7
Адрей цӀыхухэм нэхърэ унэхъ ину хэт узылъытэр? Тхьэм къыуимытауэ сыт уиӀэр? Уэ уиӀэр къозытар Тхьэращи, сыт узыщӀыщытхъужыр, Тхьэм ар къыуимыта хуэдэ?
8
Фэ зывгъэнщӀащ, бей фыхъуащ. Дэ дывимыгъусэу пащтыхь фыхъуащ. Пащтыхь фыхъугъащэрэт ипэжыпӀэкӀэ, дэри дывигъусэу пащтыхь дыхъунт итӀанэ!
9
Дэ апостолхэм ди Ӏуэхум сызэреплъыр мыращ: укӀ зытралъхьа цӀыхухэм дахуэдэу, Тхьэм щӀыпӀэ икӀэ дыдэм дэ, апостолхэр, дызэрыригъэувам хуэдэщ. Дуней псори, мелыӀычхэри, цӀыхухэри ӀейкӀэ къыдэплъыну псоми я пащхьэм дызэрырагъэувам хуэдэщ.
10
Мэссихь и гъуэгум дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ акъыл зимыӀэ цӀыхухэм дахуэдэщ, ауэ фэ Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху Ӏущхэу зыволъытэж. Дэ лъэкӀыныгъэ диӀэкъым, ауэ фэ фиӀэщ. ЦӀыхухэм фэ щӀыхь къыфхуащӀ, дэ нэмыплъ къыдат.
11
Нобэр къыздэсым дымэжэщӀалӀэщ, псыи дыхуэныкъуэщ. ЗыщыттӀэгъэн щыгъыни диӀэкъым, цӀыхухэм дызэрахуэ, уни диӀэкъым.
12
Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.
13
ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къыщыттепсэлъыхькӀи, абыхэм дахуэу дахущытщ. Дунейм и пхъэнкӀийуэ, щӀым и фӀейм хуэдэу дыкъэнащ.
14
ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэкъым мыр ныщӀэстхыр, си бын лъапӀэхэм фахуэдэу къывгурызгъэӀуэн щхьэкӀэщ.
15
Мэссихь и гъуэгум теухуа Ӏуэхугъуэхэр фэзыгъэщӀэн цӀыху мин фиӀэми, адэ куэд фиӀэкъым. ХъыбарыфӀыр щыфхуэсӀуатэм, Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ адэм хуэдэ сыфхуэхъуащ.
16
Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ.
17
Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.
18
Фи деж сынэмыкӀуэн я гугъэу, фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм закъыфӀощӀыж.
19
Ауэ, Зиусхьэным жиӀэмэ, куэд мыщӀэу фи деж сынэкӀуэнущ. А зыкъызыфӀэщӀыжхэм я псалъэхэм я мызакъуэу, я лъэкӀыныгъэри згъэунэхунущ абы щыгъуэ,
20
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхур зэпхар псэлъэныр аркъым, атӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр арщ.
21
Сыт нэхъ фызыхуейр? Баш сӀыгъыу фи деж сынэкӀуэну ара, е фӀылъагъуныгъэрэ гущабагъэкӀэ сынэкӀуэн?
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 5 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16