bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Corinthians 13
1 Corinthians 13
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 12
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 14 →
1
ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ.
2
Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.
3
СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым.
4
ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым.
5
ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым.
6
ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр.
7
ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.
8
ФӀылъагъуныгъэр зэи кӀуэдыжынукъым. Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр яӀуэтэн пачынущ. ЦӀыхухэм ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэн щагъэтыжынущ. ЩӀэныгъэри кӀуэдыжынущ.
9
Апхуэдэу щӀэхъунур ди щӀэныгъэр нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ, Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр зэраӀуэтэжри нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ.
10
Нэгъэса Ӏуэхур къыщыкӀуэкӀэ, нэмыгъэса Ӏуэхур кӀуэдыжынущ.
11
Сабийуэ сыщыщытам, сабийм хуэдэу сыпсалъэрт, сабийм хуэдэуи сыгупсысэрт икӀи сабийм и зэхэщӀыкӀэм хуэдэт си зэхэщӀыкӀыр. Ауэ балигъ сыщыхъум, а сабиигъэр къызэзнэкӀащ.
12
Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу.
13
Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.
← Chapter 12
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 14 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16