bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Corinthians 2
1 Corinthians 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 3 →
1
Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар.
2
Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ.
3
Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ.
4
КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.
5
Апхуэдэу щӀэхъуар фи фӀэщхъуныгъэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм темыщӀыхьауэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэм тещӀыхьауэ щытын щхьэкӀэщ.
6
Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым.
7
Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.
8
Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.
9
Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».
10
А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.
11
ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым.
12
Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ.
13
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхур зэхедгъэщӀыкӀыурэ, Тхьэм къыдита тыгъэхэм ятеухуауэ допсалъэ, ауэ жытӀэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм дигъэщӀа псалъэхэр аркъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дигъэщӀа псалъэхэр арщ.
14
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.
15
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым.
16
«Зиусхьэным и гум илъыр хэт къэзыщӀар, ар зыгуэр хуигъэӀущыну?» Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ.
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16