bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 Corinthians 8
1 Corinthians 8
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 9 →
1
Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.
2
ЦӀыху гуэрым щӀэныгъэ иӀэу къыфӀэщӀми, зэрищӀэн хуейм хуэдизу, иджыри ищӀэркъым.
3
Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт.
4
Аращи, тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: А тхьэ нэпцӀхэр дунейм зэрытемытри, зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ тхьэ зэрыщымыӀэри дощӀэ.
5
ЦӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэр уафэми щӀылъэми щыӀэми, (цӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэмрэ зиусхьэну ялъытэхэмрэ куэду зэрыщыӀэм хуэдэу),
6
дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.
7
Ауэ псоми апхуэдэ щӀэныгъэр яӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэр тхьэ нэпцӀхэм есащи, апхуэдэ лыр щашхкӀэ, а лыр тхьэ нэпцӀ гуэрым къурмэныпхъэ пэжу хуэхъуа хуэдэу, а лыр яшх. Аращи, а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу, ягукӀэ шэч ящӀурэ, а лыр щашхкӀэ, ягухэр ягъэуфӀей.
8
Ерыскъым Тхьэм нэхъ гъунэгъу дыхуищӀыркъым. Тшхыми, и фӀагъ къыдэкӀыркъым, дымышхми, и ягъэ къыдэкӀыркъым.
9
Ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я гъуэгум фи щхьэхуитыныгъэр ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ щахуэмыхъуным фыхуэсакъ.
10
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ имыщӀэу игукӀэ шэч зыщӀым уэ щӀэныгъэ зиӀэм тхьэ нэпцӀым и унэшхуэм апхуэдэ лы щыпшхыу илъагъумэ, а лыр абыи ебгъэшхынкъэ?
11
Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэ къуэшу Мэссихь и псэр зыщӀитар уэ уи щӀэныгъэмкӀэ уогъэкӀуэд.
12
А лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу шэч зыщӀ къуэшхэм гуэныхь ефщӀэу, абыхэм ягукӀэ зевгъэгъэкъуаншэмэ, Мэссихьщ гуэныхь зэфщӀа хъур.
13
Аращи, шхыну сшхымкӀэ си къуэшым гуэныхь езгъащӀэмэ, игъащӀэкӀэ лы сшхынукъым, си къуэшым гуэныхь къезмыгъэхьын щхьэкӀэ.
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 9 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16