bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 John 1
1 John 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 2 →
1
ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр.
2
А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.
3
Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.
4
Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.
5
Тхьэм и Къуэм къыджиӀа хъыбару фэ къыфхуэтӀуатэр мыращ: Тхьэр нэхущ, абы кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэлъкъым.
6
Тхьэм дригъусэу жытӀэрэ, кӀыфӀыгъэм дыхэту дызекӀуэмэ, пцӀы доупс, щыпкъагъи длэжьыркъым.
7
Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.
8
Гуэныхь зыри димыӀэу жытӀэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцӀэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым.
9
Ауэ ди гуэныхьхэмкӀэ зыдумысыжмэ, ар щыпкъэу икӀи захуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ икӀи къуаншагъэ псори ди гум иригъэкъэбзыкӀыжынущ.
10
Дэ гуэныхь дымыщӀауэ жытӀэмэ, Тхьэр пцӀыупсу жытӀауэ мэхъу, абы и псалъэхэри ди гум илъкъым.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5