bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 John 2
1 John 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 3 →
1
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.
2
Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.
3
Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.
4
ЦӀыху гуэрым, «Тхьэр сощӀэ», жиӀэ пэтми, Тхьэм и унафэхэр имыгъэзащӀэмэ, ар пцӀыупсщ, абы щыпкъагъи хэлъкъым.
5
Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым игъэзащӀэмэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ а цӀыхум игу илъ хъуащ. Тхьэр ди псэм зэрыщыщыр дэзыгъащӀэр мыращ:
6
«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.
7
ФӀыуэ слъагъухэ, унафэщӀэ гуэру аракъым ныфхуэстхыр, япэм къыщыщӀэдзауэ фиӀа унафэжьыращ. А унафэжьыр хъыбару зэхэфхарщ.
8
Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.
9
ЦӀыху гуэрым «Сэ нэхум сыхэтщ» жиӀэ пэтми, и къуэшыр илъагъу мыхъумэ, ар кӀыфӀыгъэм хэтщ иджыри.
10
Зи къуэшыр фӀыуэ зылъагъур нэхум хэтщ икӀи абы гуэныхь ищӀэну зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыӀэкъым.
11
Ауэ зи къуэшыр жагъуэу зылъагъур кӀыфӀыгъэм хэтщ икӀи кӀыфӀыгъэм хэту зокӀуэ, здэкӀуэри ищӀэркъым, и нэхэр кӀыфӀыгъэм къыщипхъуащи.
12
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхьу фщӀахэр Мэссихь и цӀэкӀэ къызэрыфхуэгъуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ.
13
Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, шейтӀаным фызэрытекӀуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, сабийхэ, Адэ лъапӀэр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ.
14
Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.
15
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым.
16
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэр – цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, цӀыхухэр зэрыпагэ Ӏуэхугъуэхэри – Адэ лъапӀэм деж къикӀыркъым, мы дунейращ ахэр къыздикӀыр.
17
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.
18
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.
19
А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.
20
Мэссихьу езым и Псэ ЛъапӀэр къыфхуригъэхащ фэ икӀи псоми щыпкъагъэр фощӀэ.
21
Щыпкъагъэр фымыщӀэу жысӀэу аракъым ныщӀыфхуэстхыр, атӀэ ар зэрыфщӀэрщ. Щыпкъагъэм пцӀы зыри къызэрыхэмыкӀынури фощӀэ.
22
Хэт атӀэ пцӀы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ. Апхуэдэ цӀыхуращ Антихристыр – Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри зымыдэрщ.
23
Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
24
Аращи, япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи ивгъэлъ. Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи илъмэ, Къуэ лъапӀэри Адэ лъапӀэри фи псэм сыт щыгъуи хэлъынущ.
25
Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.
26
Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.
27
Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
28
Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
29
Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3
4
5