bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 John 4
1 John 4
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 5 →
1
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.
2
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр цӀыху гуэрым и гум илъмэ, ар къывэзыгъэщӀэнур мыращ: Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезымыхьэ дэтхэнэми игу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъщ.
3
Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезыхьэ дэтхэнэми и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъкъым. А цӀыхум и гум илъыр Антихрист и псэр арщ. Ар къызэрыкӀуэнур зэхэфхащ. Ар дунейм къытехьакӀэщ иджы.
4
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.
5
А бегъымбар нэпцӀхэр мы дуней хьэхум и бынхэщ. Аращи, ахэр мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэм топсэлъыхь икӀи мы дуней хьэхум и цӀыхухэр абыхэм я псалъэхэм йодаӀуэ.
6
Ауэ дэ Тхьэм дрибынщ. Тхьэр зыщӀэ цӀыхур дэ къыдодаӀуэ, ауэ Тхьэм и быну щымытыр дэ къыдэдаӀуэркъым. Аращ щыпкъагъэм и Псэр зи гум илъри гъэпцӀагъэм и псэр зи гум илъри къыдэзыгъащӀэр.
7
ФӀыуэ слъагъухэ, фӀыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокӀ. ФӀылъагъуныгъэ зи гум илъ дэтхэнэри Тхьэм и бынщ икӀи абы Тхьэр зыхуэдэр ещӀэ.
8
ФӀылъагъуныгъэ зи гум имылъым Тхьэр зыхуэдэр ищӀэркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр езыр фӀылъагъуныгъэщ.
9
Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.
10
ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.
11
ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм апхуэдизу фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэри фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.
12
Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.
13
Тхьэм и псэм дызэрыщыщри езыри ди псэм зэрыхэлъри къыдэзыгъащӀэр Тхьэм ди гум кърилъхьа и Псэ ЛъапӀэр арщ.
14
Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.
15
Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зыщтэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ.
16
Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.
17
Къемэтмахуэм гушхуэныгъэ диӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ, Мэссихь зэрыщытым хуэдэу, дэри мы дунейм дыщыщытщи.
18
Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр зи гум илъыр шынэркъым, шынагъуэр фӀылъагъуныгъэ нэгъэсам щхьэщехри. Шынагъуэр къемэтмахуэм и гугъуехь шэчыным епхащ. Шынэ цӀыхум и гум фӀылъагъуныгъэ нэгъэсар илъкъым.
19
Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.
20
Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым.
21
Тхьэм мы унафэр къытхуищӀащ: Тхьэр фӀыуэ зылъагъум и къуэшри фӀыуэ илъагъун хуейщ.
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 5 →
All chapters:
1
2
3
4
5