bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 John 5
1 John 5
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
1
Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу.
2
Тхьэм и бынхэр фӀыуэ зэрытлъагъур дэзыгъащӀэр Тхьэр фӀыуэ зэрытлъагъумрэ и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэмрэщ.
3
Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.
4
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и быну щыт дэтхэнэри дуней гуэныхьхэм токӀуэ. Мы дуней гуэныхьхэм дазэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэр арщ.
5
Хэт дунейм текӀуэр? Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зи фӀэщ хъур ар къудейрщ.
6
Хьисэ Мэссихьыращ псыкӀи лъыкӀи къэкӀуар. Псы къудейкӀэ къэкӀуакъым, атӀэ псырэ лъырэкӀэщ.* Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыхьэт хуэхъур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыпкъагъэр.
7
Уафэм щыхьэт щыхъухэр щы мэхъу: Адэ лъапӀэр, Тхьэм и псалъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр. А щыри зыщ.
8
ЩӀылъэм щыхьэт щыхъухэри щы мэхъу: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, псыр, лъыр; а щыми къыжаӀэр зэтохуэ.
9
ЦӀыхухэм я щыхьэтыгъэр додэ, ауэ Тхьэм и щыхьэтыгъэр нэхъ лъапӀэщ, а щыхьэтыгъэр езы Тхьэм и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэщи.
10
Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум и гум щыхьэтыгъэр илъщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхум Тхьэр пцӀыупсу жеӀэ, Тхьэм езым и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэр и фӀэщ хъуакъыми.
11
Щыхьэтыгъэр мыращ: Тхьэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къыдитащ икӀи а мыкӀуэдыжын гъащӀэр Тхьэм езым и Къуэм къыдитыну ищӀащ.
12
Къуэ лъапӀэр зи псэм хэлъ цӀыхум апхуэдэ гъащӀэр иӀэщ. Къуэ лъапӀэр зи псэм хэмылъым а гъащӀэр иӀэкъым.
13
Фэ, Тхьэм и Къуэм и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрывиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.
14
Тхьэр зэрыхуейм тету Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ делъэӀумэ, дызэрызэхихынур дощӀэри, езым гушхуэныгъэкӀэ гъунэгъу дыхуохъу.
15
СыткӀэ делъэӀуми, дызэрызэхихынур дощӀэри, дызэрелъэӀуар диӀэ зэрыхъуар дощӀэ.
16
И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.
17
Къуаншагъэ псори гуэныхьщ, ауэ ажал къызыхэмыкӀ гуэныхьи щыӀэщ.
18
Тхьэм и бын хъуам гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зэрызищӀар дощӀэ; Тхьэм и быныр зыхуосакъыж, шейтӀанри абы еӀусэнукъым.
19
Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.
20
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
21
Фэ, си бын хуэдэхэ, тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ. Ӏэмин.
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
All chapters:
1
2
3
4
5