bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
1 John 3
1 John 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 4 →
1
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.
2
ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.
3
Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.
4
Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри Тхьэм и унафэм йобэкъуэ, гуныхь пщӀэмэ, абы и унафэм уебэкъуауэ арщи.
5
Мэссихь дэ гуэныхьу тщӀахэр тщхьэщихыну къызэрыкӀуар фэ фощӀэ. Абы езым гуэныхь лъэпкъ бгъэдэлъкъым.
6
Мэссихь зи псэм хэлъыр гуэныхь щӀэным пыкӀащ. Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэми Тхьэр фӀэщхъуныгъэкӀэ илъэгъуакъым икӀи ищӀакъым.
7
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ. Щыпкъагъэр зылэжьым и гум щыпкъагъэр илъщ, Мэссихь и гум щыпкъагъэр зэрилъым хуэдэу.
8
Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.
9
Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.
10
Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.
11
Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха хъыбарыр мыращ: ФӀыуэ фызэрылъагъу.
12
ШейтӀаным и бынхэм ящыщу Каин зи цӀэу зи къуэш зыукӀыжам хуэдэ фымыхъу. Сыт абы и къуэшыр щӀиукӀыжар? Езым илэжьа Ӏуэхугъуэхэр бзаджагъэу, и къуэшым илэжьахэр захуагъэу щытти, аращ.
13
Си къуэшхэ, мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъумэ, фымыгъэщӀагъуэ.
14
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
15
Зи къуэшыр жагъуэу зылъагъу дэтхэнэри цӀыхуукӀщ. ЦӀыхуукӀым и гум мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэримылъыр фэ фощӀэ.
16
ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.
17
Зыгуэрым дуней мылъкур иӀэ пэтми, езым и къуэшым щыщӀагъэ иӀэу щилъагъукӀэ, ар фӀэгуэныхь мыхъумэ, абы и гум Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр илъын?
18
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъукӀэ ирикъунукъым. ФӀы щӀэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.
19
ФӀыуэ дызэрылъагъуныращ щыпкъагъэм дызэрытетыр дэзыгъащӀэр,
20
икӀи дигухэм дагъэкъуаншэ щыхъукӀэ, Тхьэм и пащхьэм гузэгъэгъуэ къыщыдэзытыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икӀи псори ещӀэ.
21
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, дигухэм дамыгъэкъуаншэмэ, гушхуэныгъэкӀэ Тхьэм и гъунэгъу дохъу.
22
Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.
23
Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.
24
Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4
5