bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 1
Acts 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 2 →
1
Феофил лъапӀэ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижа махуэм нэсыху, Хьисэ илэжьа Ӏуэху псори икӀи цӀыхухэм яригъэщӀа Ӏуэху псори си япэ тхылъым итщ. Тхьэм уафэм дришеижын и пэкӀэ Хьисэ къыхиха апостолхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ унафэхэр яхуищӀащ.
3
Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.
4
Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ: – Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам фыпэплъэ, – жиӀэурэ.
5
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.
6
Щызэхуэсым, апостолхэр Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфӀэбгъэувэжынур?
7
– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.
8
– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.
9
А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.
10
Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.
11
– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.
12
Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу.
13
Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.
14
А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу.
15
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:
16
– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.
17
Ари дэ тщыщу щытащ, мы Ӏуэхуми ди гъусэу ирилэжьащ.
18
ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ.
19
Ерусалим дэс цӀыху псоми Иудэ къыщыщӀар зэхахащ, а щӀыгум Акелдамэ фӀащащ я бзэкӀэ. Абы къикӀыр «Лъы уасэ щӀыгущ».
20
Петр къыщӀигъужащ итӀанэ: – Уэрэд лъапӀэхэм мыпхуэдэу итщ: «И унэр нэщӀ ирехъу. Зыри щӀремыс». Мыпхуэдэуи итщ: «Абы и Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым ирещти, абы и пӀэм ирыреувэ».
21
– Аращи, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ дэ ди гъусэ нэгъуэщӀ гуэр щыхьэт хъун хуейщ Иудэ и пӀэкӀэ. А щыхьэтыр Хьисэ къытхыхьэ-тхэкӀыжу щыщыта зэман псоми, Иуан Хьисэ щиумэхъа махуэм къыщыщӀэдзауэ ар Тхьэм уафэм щыдришеижам нэсыху, ди гъусэу щытахэм ящыщын хуейщ.
23
Апхуэдэу лӀитӀ ягъэуващ: ВарсавэкӀэ зэджэ икӀи Иуст зыхужаӀэ Исуфрэ Матфийрэ.
24
Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ.
26
Пхъэидзэ ящӀри, Матфий и пхъэр къикӀащ. Апостол пщыкӀузым я гъусэу, Матфий апостол хъуащ апхуэдэу.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28