bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 20
Acts 20
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 19
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 21 →
1
Зэрыхьзэриишхуэр щыувыӀэжым, Паул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къригъашэри игъэгушхуащ. Я Ӏэр иубыдыжри, Македоние хэкум кӀуэну гъуэгу техьащ итӀанэ.
2
А лъэныкъуэхэри къызэхикӀухьым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр псалъэ куэдкӀэ игъэгушхуэурэ, Грецием нэсащ.
3
Абы мазищкӀэ щыӀащ. Сирием кхъухькӀэ кӀуэн хуей щыхъум, журтхэм щэхуу езыр яукӀыну зэрамурадыр къищӀэри, Македонием и лъэныкъуэкӀэ игъэзэжыну триубыдащ.
4
Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ.
5
Ахэр дэ дяпэ кӀуэри, Троадэ къалэм къыщытпэплъащ.
6
ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэр блэкӀа нэужь, Филиппи къалэм кхъухькӀэ дыщежьащ. Троадэ къалэм щыӀэ ди гъусэхэм я деж дежьэри, махуитхукӀэ дынэсащ, абы махуиблкӀэ дыщыӀащ.
7
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ.
8
Дэ дыщызэхуэс унэм и ещанэ къатым уэздыгъэ Ӏэджэ къыщыблэрт.
9
Евтих и цӀэу щӀалэ гуэр щхьэгъубжэм Ӏусти, Паул псэлъэн имыух щӀыкӀэ, жей куум хилъэфащ. ӀэфӀу здэжейм, щхьэгъубжэм къыдэхущ, унэм и ещанэ къатым къехуэхри, лӀауэ къащтэжащ.
10
Паул унэм щӀэкӀщ, ехщ, щӀалэм зытриубгъуэри, ӀэплӀэ иришэкӀыурэ жиӀащ: – Фымыгузавэ! И псэр хэтщ!
11
Паул къыщӀыхьэжщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, адрейхэм я гъусэу ишхащ. Нэху щыху абыхэм епсалъэри, гъуэгу техьэжащ.
12
Ягухэр гуфӀэгъуэм къызэщӀиӀэтауэ, щӀалэр я деж псэууэ къашэжащ.
13
АдэкӀэ дыкӀуэурэ, кхъухьым декӀуэлӀащ, абы дитӀысхьэри, Паул къыщидгъэтӀысхьэн хуей Асс къалэм дыкӀуэну дежьащ. Паул а къалэм нэс лъэсу кӀуэну игу илъти, дэ апхуэдэ унафэ къытхуищӀат.
14
Паул Асс къалэм деж къыщытӀущӀэщ, кхъухьым къидгъэтӀысхьэри, Митилинэ къалэм дыкӀуащ.
15
А къалэм дыщежьэри, Хиос хытӀыгум хуэзанщӀэу етӀуанэ махуэм дыкъыщыувыӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Самос хытӀыгум дыкӀуащ. Трогилие къалэм дыкъыщыувыӀэри, етӀуанэ махуэм Милит къалэм дынэсащ.
16
Асие хэкум зэманыр щимыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ, Паул Ефес къалэм къыщымыувыӀэу блэкӀыну мурад ищӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Ӏэмал иӀэмэ, Пэнтэкост махуэшхуэр къэмыс щӀыкӀэ, Ерусалим дыхьэну пӀащӀэрт.
17
Милит къалэм дыщыдэсым Паул Ефес щыӀэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къригъэшащ.
18
Ахэр къыщыкӀуэм, Паул яжриӀащ: – Япэ махуэм къыщыщӀэдзауэ Асие хэкум сыкъызэрихьэрэ, фи деж щызгъэкӀуа зэман псоми си псэукӀэр зыхуэдэу щытар фэ фощӀэ.
19
Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.
20
Зи сэбэп къывэкӀыну хъыбархэр вжесӀэным зэи пэӀэщӀэ зысмыщӀу, цӀыхухэм я пащхьэми фи унэхэми щыфхуэсӀуэтащ икӀи щывэзгъэщӀащ.
21
Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.
22
– КъысщӀэлъыр сымыщӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм седаӀуэурэ, Ерусалим сокӀуэ иджы.
23
Ауэ Ӏэхъулъэхъухэри гузэвэгъуэхэри къызэрыспэщылъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызигъащӀэурэ, къалэ псоми щыхьэт къыщысхутохъуэ.
24
Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
25
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарым фезгъэдаӀуэурэ, фэ псоми фи деж сыщызэхэзекӀуащ. Фэ фщыщу зэи зыми си напэр зэримылъагъужынур сощӀэ.
26
Аращи, зы цӀыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоӀэ;
27
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ.
28
Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.
29
Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ.
30
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр.
31
Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.
32
– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.
33
Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ.
34
Си гъусэхэмрэ сэрэ ди дызыхуэныкъуэр си ӀэхэмкӀэ къызэрызлэжьар фощӀэ.
35
Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».
36
А псалъэхэр жиӀа нэужь, Паул лъэгуажьэмыщхьэу уври, псоми я гъусэу Тхьэм елъэӀуащ.
37
Псори ину къэгъуэгщ, Паул ӀэплӀэ ирашэкӀри, ба хуащӀащ.
38
Я гур нэхъыбэу махэ зыщӀар Паул и напэр игъащӀэкӀэ ямылъагъужыну зэрыжиӀарт. Кхъухьым нэс Паул дэкӀуэтащ итӀанэ.
← Chapter 19
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 21 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28