bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 8
Acts 8
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 9 →
1
Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.
2
Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ.
3
Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.
4
ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт.
5
Филипп Самарие хэкум щыщ къалэ гуэрым кӀуэри, абы дэс цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ.
6
ЦӀыхубэр Филипп и псалъэхэм едаӀуэурэ, абы илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъукӀэ, и псалъэхэр я гум хыхьэрт;
7
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.
8
А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.
9
А къалэм Симон зи цӀэ гуэр дэст. Зэман зыкъомкӀэ удыгъэм хэтауэ, цӀыхушхуэу закъыфӀигъэщӀурэ, Самарие дэсхэр ихьэхуат абы.
10
«Мы лӀыр Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу „ЛъэкӀыныгъэ Ин“ жыхуаӀэращ», жаӀэрэ, цӀыху псоми, инми цӀыкӀуми, я гум хыхьауэ, Симон жиӀэхэм едаӀуэрт.
11
УдыгъэкӀэ зэрыдихьэхрэ куэд щӀати, абы ахэр ягуапэу едаӀуэрт.
12
Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ.
13
Езы Симони ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъущ, зригъэумэхъри, Филипп и ужь ит хъуащ. Филипп къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри илэжьа Ӏуэху телъыджэхэри щилъагъукӀэ, Симон игъэщӀагъуэрт.
14
Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ.
15
Абы щынэсым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум хыхьэну Петррэ Иуанрэ Тхьэм яхуелъэӀуащ;
16
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм ящыщ зыми иджыри къахуехатэкъым, Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ Филипп ахэр иумэхъа къудейт.
17
Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.
18
Апостолхэм я Ӏэхэр тралъхьэу, а цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъ зэрыхъуар Симон щилъагъум, апостолхэм ахъшэ къахуихьри, мыпхуэдэу жиӀащ:
19
– Си Ӏэхэр цӀыху гуэрым щытеслъхьэкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум хыхьэн щхьэкӀэ, сэри мы лъэкӀыныгъэр къызэфт.
20
– Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр.
21
– Уэ уи гур Тхьэм дежкӀэ щыпкъэу зэрыщымытым къыхэкӀкӀэ, мы Ӏуэхум ущыщкъым, уи Ӏыхьи хэлъкъым.
22
Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;
23
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэныр уэ уи гум хэпщӀауэ, бзаджагъэм узэщӀиубыдауэ зэрыщытыр солъагъу.
24
– Фэ жыфӀам щыщ зыри къысщымыщӀыну Тхьэм фысхуелъэӀу, – жиӀащ Симон.
25
Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.
26
– Тэдж, Ерусалим дэкӀи, Газэ къалэм кӀуэ гъуэгум шэджагъуэм деж техьэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым Филипп. Ар губгъуэ нэщӀым ухуэзышэ гъуэгущ.
27
Арати, Филипп тэджри, гъуэгу техьащ. КӀуэурэ, Ефиопие къэралым щыщ лӀы гуэр къыӀущӀащ. А лӀыр Ефиопием и пащтыхь Кандакие зи цӀэ цӀыхубзым хуэлажьэ Ӏэтащхьэхэм ящыщт. Пащтыхьым и мылъку псори абы и ӀэмыщӀэ илът. А Ӏэтащхьэр, Тхьэм елъэӀун папщӀэ, Ерусалим къэкӀуат.
28
Ар и къэралым гум ису здэкӀуэжым, Ешайа бегъымбарым и тхылъым еджэрт.
29
– А гум бгъурыхьи, бгъэдэтурэ кӀуэ, – къыжриӀащ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп.
30
Гум бгъурыхьэри, а лӀыр Ешайа бегъымбарым и тхылъым зэреджэр щилъагъум, Филипп жиӀащ: – Узэджэм къикӀыр къыбгурыӀуэрэ?
31
– Зыгуэрым зэхызимыгъэщӀыкӀмэ, дауэ къызэрызгурыӀуэнур? – жиӀащ Ӏэтащхьэм. Ар Филипп елъэӀуащ: – КъыдэкӀуеи, къызбгъэдэтӀысхьэ.
32
Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.
33
Езыр ягъэпудащ икӀи хабзэм къемызэгъыу хьэкум тращӀыхьащ. А зэманым псэуа цӀыхухэм я бзаджагъэр здынэсыр къипщын зылъэкӀынур хэт? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и псэр мы дунейм щыхахащ».
34
– КъызжепӀэну сынолъэӀу: Бегъымбарыр зытепсэлъыхьыр хэт? Езыра хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэр? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Филипп.
35
Апхуэдэу къыщеупщӀым, Филипп Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт а псалъэ дыдэхэмкӀэ къыщӀидзэри, Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр Ӏэтащхьэм хуиӀуэтащ.
36
Гъуэгум ирикӀуэурэ, псы гуэр деж нэсауэ, Ӏэтащхьэм жиӀащ: – Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?
37
– Уигу псомкӀи фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, узумэхъ хъунущ, – жриӀащ Филипп. – Хьисэ Мэссихь Тхьэм зэри-КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, – жиӀащ Ӏэтащхьэм.
38
Ӏэтащхьэм гущхьэӀыгъым къригъэгъэувыӀэщ, Ӏэтащхьэмрэ Филиппрэ псым хыхьэри, Филипп Ӏэтащхьэр иумэхъащ.
39
Псым къызэрыхэкӀыжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым напӀэзыпӀэм ихьащ, Ӏэтащхьэми Филипп илъагъужакъым. ГуфӀэгъуэм хэту, Ӏэтащхьэр и гъуэгу техьэжащ.
40
Филипп Азот къалэм къыщыхутащ. Кесарие къалэм нэсыху, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щахуиӀуатэурэ, къалэ псори къызэхикӀухьащ.
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 9 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28