bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 21
Acts 21
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 22 →
1
Абыхэм дакъыхэкӀыжа нэужь, кхъухьымкӀэ дежьэри, Кос къалэм дыкӀуащ занщӀэу. ЕтӀуанэ махуэм Родос къалэм дыкӀуащ, абы дыщежьэри, Патарэ къалэм дынэсащ.
2
Финикие хэкум кӀуэ кхъухь къэдгъуэтщ, дитӀысхьэри дежьащ.
3
Кипр хытӀыгур къыщылъагъуэм, кхъухьым и сэмэгурабгъуэкӀэ ар къыщыднэри, Сирие хэкум дыкӀуэри, Тир къалэм дыкъыщувыӀащ, кхъухьыр абы щаунэщӀын хуейти.
4
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр а къалэм къыщыдгъуэтри, махуиблкӀэ абыхэм я деж дыщыӀащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм захригъэщӀыкӀыурэ, Ерусалим мыкӀуэну Паул къыжраӀащ.
5
А къалэм дызэрыщыӀэну пӀалъэр щыдухым, абы дыдэкӀри, ди гъуэгу дытехьэжащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори, цӀыхубзхэри сабийхэри я гъусэу, къалэм къыддыдэкӀащ. Хы Ӏуфэм лъэгуажьэмыщхьэу дыӀутӀысхьэри, Тхьэм делъэӀуащ итӀанэ.
6
ФӀэхъус зэтхыжри, кхъухьым дитӀысхьэжащ, абыхэми щхьэж и унэ ягъэзэжащ.
7
Тир къалэм дыщежьэри, кхъухьымкӀэ дыкӀуэурэ, Птолемаидэ къалэм дынэсащ. Абдежым къуэшхэм фӀэхъус щетхри, зы махуэкӀэ абыхэм я деж дыщыӀащ.
8
ЕтӀуанэ махуэм абы дыдэкӀыжри, Кесарие къалэм дыкӀуащ. Филипп и цӀэу Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр езыгъэдаӀуэ лӀым и унэм дыщӀыхьэри, абы деж дыкъэнащ. Ар лӀиблым ящыщт.
9
А Филиппым дэмыкӀуауэ пхъуибл иӀэт. Тхьэм и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэурэ, мыдрейхэм къажригъэӀэрт.
10
Махуэ зыбжанэкӀэ абы дыщыӀа нэужь, Агав и цӀэу зы бегъымбар гуэр Иудей хэкум къикӀри къэкӀуащ.
11
Ди деж къакӀуэщ, Паул и бгырыпхыр къищтэщ, езым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри ипхэри, жиӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу жеӀэ: «Мы бгырыпхыр зейр журтхэм Ерусалим щапхынурэ, хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ».
12
А псалъэхэр щызэхэтхым, дэри а щӀыпӀэм щыпсэу къуэшхэри Ерусалим мыкӀуэну Паул делъэӀуащ.
13
Ар щызэхихым, Паул жэуап къитыжащ: – Сыт фщӀэр? Фыгъыу, сигу щхьэ хэвгъэщӀрэ? Сэ си Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щхьэкӀэ Ерусалим сыщапхын дэнэ къэна, сыщылӀэнуи сыхьэзырщ.
14
Паул къэдгъэнэн щытлъэмыкӀым, «Тхьэм зэрыжиӀауэ ирехъу», жытӀэри зыдущэхужащ.
15
А махуэхэм я ужькӀэ зыдгъэхьэзырри, Ерусалим дыкӀуащ.
16
Кесарие щыщу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэрхэр ди гъусэт. Абыхэм дашащ Мнасон и цӀэу зи унэ дыщыпсэунум деж. Мнасон Кипр хытӀыгум щыщт, езыри ХьисэкӀэ япэ дыдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ящыщт.
17
Ерусалим дыщынэсым, къуэшхэм я гуапэу драгъэблэгъащ.
18
ЕтӀуанэ махуэм Паул дригъусэу Екъуб деж дыкӀуащ. Нэхъыжь псори абы щыӀэт.
19
Паул абыхэм фӀэхъус ярихри, лажьэурэ Тхьэм хамэ лъэпкъхэм я деж щищӀахэр зырызу яхуиӀуэтащ.
20
Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.
21
Я сабийхэр сунэт ямыщӀынуи я хабзэхэм темытынуи жыпӀэу, хамэ лъэпкъхэм яхэс журт псори Мусэ и гъуэгум текӀыну бущийуэ жаӀэурэ, цӀыхухэм зэрахьэ хъьыбар пхэнжыр зэхахащ.
22
Сыт тщӀэнур? ЦӀыхухэр къызэхуэсынущ; укъызэрыкӀуар зэхахынущи.
23
Аращи, дэ нызэрыбжетӀэм хуэдэу щӀы. ТхьэрыӀуапӀэ ихьа лӀиплӀ диӀэщ.
24
Ахэр здэши, Торэт хабзэм тету я гъусэу зыгъэкъэбзэжи, я щхьэхэр яупсын щхьэкӀэ, ахъшэ ет. Ар ялъагъумэ, уэ къыптеухуауэ зэхаха хъыбархэр зэрымыпэжри, уэр-уэру Торэт хабзэм утету, абы итхэр зэрыбгъэзащӀэри цӀыху псоми ящӀэнущ.
25
Ауэ хамэ лъэпкъхэм ящыщу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ятеухуауэ ущӀэупщӀэмэ, абыхэм дэ зэдэтщта Ӏуэхур тхылъкӀэ зэредгъэщӀэгъам хуэдэу, цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ защӀын хуейщ.
26
КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Паул а лӀыхэр здишэри, абыхэм ящӀыгъуу зигъэкъэбзэжащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, езымрэ а лӀыхэмрэ загъэкъэбзэжыныр щаухыну махуэри я къурмэн зырыз дин пашэм щрагъэщӀыну махуэри дин пашэхэм яжриӀащ итӀанэ.
27
А махуиблыр и кӀэм нэблэгъауэ, Асие хэкум щыщ журт гуэрхэм Тхьэм и унэшхуэм Паул щалъэгъуащ. ЦӀыху псори къызэщӀагъаплъэри, Паул яубыдащ.
28
Мыпхуэдэу жаӀэурэ, зэрыгъэкӀийрт: – Израил щыщ лӀыхэ, фыкъыддэӀэпыкъу! Ди лъэпкъми, ди Торэт хабзэми, мы щӀыпӀэ лъапӀэми къыпэувыну цӀыху псори дэнэкӀи щызыгъэӀущар мы лӀыращ. Абы нэмыщӀу, алыджхэри Тхьэм и унэшхуэм щӀигъыхьэри, мы щӀыпӀэ лъапӀэр иригъэуфӀеящ.
29
Апхуэдэу щӀыжаӀар нэхъапэм Ефес къалэм щыщ Трофим Паул и гъусэу къалэм щалъэгъуати, аращ. Паул ар щӀэмыхьэпхъэу Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьауэ я гугъащ.
30
Къалэм дэс псори къызэщӀэтаджэри, зэхэлъэдэжащ. Паул яубыдри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀашыжащ. КъызэрыщӀашыжу, бжэхэр ягъэбыдащ.
31
Паул яукӀыну щыхуежьэм, Ерусалим зэрыщыту зыкъызэраӀэтам и хъыбарыр рим дзэпщым деж нэсащ.
32
Дзэпщым Ӏуэхур имыгъэгувэу зауэлӀхэри дзэ пашэхэри здишэри, цӀыхухэм яхэлъэдащ. ЦӀыхухэм дзэпщри зауэлӀхэри щалъагъум, Паул еуэн щагъэтащ.
33
Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?
34
ЦӀыху гупышхуэм ящыщ зым зы жиӀэу, адрейм нэгъуэщӀ гуэр жиӀэу, зэрыгъэкӀийрт. Мо зэрыхьзэрийм къыхэкӀкӀэ, дзэпщым пэжыр зригъэщӀэн лъэкӀыртэкъыми, зауэлӀхэм унафэ яхуищӀри, Паул быдапӀэм иригъэшащ.
35
ДэкӀуеипӀэм щынэсым, Паул цӀыхухэр къытезэрыгуати, зауэлӀхэм ар ӀэкӀэ яхьын хуей хъуащ.
36
ЦӀыхубэм ящыщу Паул къыкӀэлъыкӀуэхэр зэры-гъэкӀийрт: – УкӀ ар!
37
ЗауэлӀхэм Паул быдапӀэм яшэн хуей щыхъум, Паул дзэпщым жриӀащ: – Зыгуэр ныбжесӀэну хуит сыкъэпщӀын? – Алыджыбзэ пщӀэрэ? – къеупщӀащ ар.
38
– Зэман тӀэкӀукӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, Мысырым щыщ цӀыхухэр къызэщӀэзыӀэтэу хъунщӀакӀуэ миниплӀ губгъуэ нэщӀым изышар уэракъэ?
39
– Сэ сыжуртщ, – жиӀащ Паул, – Киликие хэкум щыщу щӀыхь зиӀэ Тарс къалэм и цӀыхухэм сащыщщ. ЦӀыхухэм я пащхьэм сыкъыщыпсэлъэну хуит сыщӀ.
40
Дзэпщым хуит къыщищӀым, Паул дэкӀуеипӀэм теувэри, и Ӏэр цӀыхухэм яхуищӀащ. Псори сабыр щыхъум, Паул журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 22 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28