bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 3
Acts 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 4 →
1
Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ.
2
Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.
3
Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэу щилъагъум, а лӀыр лъэӀуащ: – Псапэ тыхь къызэфт, – жиӀэри.
4
Петррэ Иуанрэ я нэхэр а лӀым траубыдэри, Петр жиӀащ: – Моуэ зэ къыдэплъ!
5
Зыгуэр къратынкӀэ ящыгугъыу, лӀыр абыхэм яхудэплъеящ.
6
– Сэ дыжьыни дыщи сиӀэкъым, – жиӀащ Петр, – ауэ сиӀэр узот: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ пхузощӀ, къэтэджи, зекӀуэ!
7
Петр а лӀым и Ӏэ ижьыр иубыдри къызэфӀигъэуващ. ЛӀым и лъакъуэхэми къупщхьэ зэрытыпӀэхэми къару къахыхьэжащ а напӀэзыпӀэм.
8
Къыщылъэтщ, ежьэри, къызекӀуэу щӀидзащ абы. Петррэ Иуанрэ я гъусэу Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, къызекӀуэурэ, дэпкӀейурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ итӀанэ.
9
Тхьэм щӀыхь хуищӀурэ абы зэрызекӀуэр цӀыху псоми щалъагъум,
10
Тхьэм и унэшхуэм и «Куэбжэ ДахэкӀэ» зэджэм деж факъырэ Ӏус къыхихыу щысар зэрыарар къацӀыхужащ икӀи а лӀыр зэрыхъужар ягъэщӀэгъуащ яфӀэтелъыджащэу.
11
Зи лъэ къыщӀэувэжа лӀыр Петррэ Иуанрэ я ужь имыкӀыу здэкӀуэм, цӀыху псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм деж жэхэри, абыхэм я деж цӀыхухэр щызэхуэсащ.
12
Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ?
13
Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым.
14
ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.
15
ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.
16
Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар.
17
– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.
18
Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ.
19
Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.
20
Фигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр Зиусхьэным деж къикӀынущ итӀанэ икӀи Тхьэм Мэссихьу къыфхуигъэува Хьисэр къигъэкӀуэжынущ.
21
Тхьэм псори тэмэму зэтригъэувэху, Мэссихь уафэм щыӀэн хуейщ, Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм я гум кърилъхьэу къазэрыжригъэӀам тету.
22
Псалъэм щхьэкӀэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Зиусхьэну фи Тхьэм фи къуэшхэм ящыщу сэ схуэдэ бегъымбар гуэр къигъэкӀуэнущ. Абы къывжиӀэ псоми федэӀуэн хуейщ.
23
А бегъымбарым жиӀэм емыдаӀуэр лъэпкъым хэкӀуэдыкӀынущ».
24
– Адрей бегъымбар псоми, Самуел бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ, абы къыкӀэлъыкӀуахэри яхэту, Тхьэм и псалъэхэр зи гум кърилъхьэу зыжригъэӀа бегъымбар псоми мы махуэхэм я гугъу ящӀат.
25
Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ».
26
Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28