bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Acts 18
Acts 18
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 19 →
1
Паул Афинэ къалэм дэкӀыжри, Коринф къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ.
2
Абы Паул зы журт гуэр, Акилэ и цӀэу, Понт хэкум къыщалъхуар, къыщигъуэтри ӀущӀащ. Акилэрэ абы и щхьэгъусэ Прискиллэрэ Италие къэралым къикӀагъащӀэт; Клаудий кесарым журт псоми Рим къалэшхуэр ябгынэну унафэ яхуищӀыгъати. Паул Акилэрэ Прискиллэрэ я деж кӀуащ.
3
Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт.
4
Паул и псалъэхэр журтхэмрэ алыджхэмрэ фӀэщ зэращищӀыным хэту, абыхэм синэгуэгум щедауэрт щэбэт махуэ къэс.
5
Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.
6
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
7
Арати, Паул синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Тхьэр зыгъэлъапӀэу Иуст зи цӀэ лӀы гуэрым и унэм кӀуащ. Абы и унэр синэгуэгум гуэтт.
8
Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.
9
Жэщ гуэрым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри къыжриӀащ: – Умышынэ, ауэ зумыущэху, псалъэ зэпыт,
10
сэ сыуигъусэнущ. Уэ къокъуэншэкӀыну зым и Ӏи къикӀынукъым. Си цӀыхухэм ящыщ куэд мы къалэм дэсщ.
11
Паул, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, зы илъэсрэ ныкъуэкӀэ а къалэм дэсащ.
12
Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.
13
– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.
14
Паул къэпсэлъэну щыхуежьэм, Галлион журтхэм яжриӀащ: – Журтхэ, мы лӀым мыхъун гуэр е бзаджагъэ гуэр ищӀатэмэ, си гуапэу сынывэдэӀуэнт.
15
Ауэ псалъэхэмкӀи, цӀэхэмкӀи, фи Торэт хабзэмкӀи иджы фыщызэныкъуэкъукӀэ, фэр-фэру мы Ӏуэхур зэхэвгъэкӀ. Мы Ӏуэхум хьэкум тесщӀыхьыну сыхуейкъым сэ.
16
Ар къажриӀэри, Галлион ахэр хеящӀэ унэм къыщӀигъэкӀыжащ.
17
А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.
18
Паул Коринф къалэм махуэ куэдкӀэ щыӀа нэужь, къуэшхэм я Ӏэр иубыдыжри, Прискиллэрэ Акилэрэ щӀыгъуу, Сирие хэкум кӀуэну кхъухьым итӀысхьащ. Паул и щхьэр Кенхрей къалэм джафэу щригъэупсащ. ЩӀригъэупсар тхьэ иӀуати, арщ.
19
Ефес къалэм къыщысым, Паул Прискиллэрэ Акилэрэ къигъанэщ, синэгуэгум щӀыхьэри, журтхэм щеныкъуэкъуащ.
20
Абыхэм я деж нэхъыбэрэ щыӀэну къыщелъэӀум, Паул идакъым.
21
Ауэ ежьэжыну я Ӏэхэр щиубыдыжым, жиӀащ: – КъэкӀуэну махуэшхуэм Ерусалим сыщыӀэн хуейщ, ауэ Тхьэм жиӀэмэ, фи деж къэзгъэзэжынущ. Ефес къалэм кхъухькӀэ щежьэжащ итӀанэ.
22
Кесарие къалэм щыӀа нэужь, Ерусалим кӀуащ. Члисэ зэхуэсым щыщхэм фӀэхъус ярихри, Антиохие кӀуащ итӀанэ.
23
Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.
24
Александрие къалэм щыщу Аполлос зи цӀэ журт гуэр Ефес къэкӀуащ а махуэхэм. Ар жьакӀуэт, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи щӀэныгъэшхуэ иӀэт.
25
Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарым фӀыуэ щыгъуазэт. Гурэ псэкӀэ къэпсалъэурэ, пэжыгъэм тету, Хьисэ и хъыбарыр цӀыхухэм яригъащӀэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, умэхъын хабзэу Иуан зытепсэлъыхьу щытам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ зэрыщыӀэр ищӀэртэкъым.
26
Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.
27
Аполлос Ахаие хэкум кӀуэну мурад щищӀым, къуэшхэм а къалэм дэс цӀыхуу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм тхылъ хуатхащ, «Аполлос ныщыкӀуэкӀэ, евгъэблагъэ», жиӀэу иту. Аполлос абы нэсри, Тхьэм и нэфӀыр зэращыхуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм куэдрэ ядэӀэпыкъуащ.
28
Тхьэм и псалъэу тхахэмкӀэ Хьисэ зэры-Мэссихьыр яхуигъэнахуэурэ, цӀыхухэм я пащхьэм щиӀуэта псалъэ лъэщхэмкӀэ журтхэм ятекӀуащ.
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 19 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28