bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 1
John 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 2 →
1
ЩӀэдзапӀэм деж Псалъэр щыӀащ. Ар Тхьэм деж щыӀащ, а Псалъэр Тхьэуэ аращ.
2
ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ, а Псалъэр Тхьэм деж щыӀащ.
3
Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым.
4
МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.
5
Нэхур кӀыфӀыгъэм къыщонэху, кӀыфӀыгъэр нэхум пэлъэщакъым.
6
Тхьэм къигъэкӀуауэ, лӀы гуэр дунейм къытехьащ. Иуант абы и цӀэр.
7
Иуан нэхум щыхьэт техъуэну къэкӀуащ, цӀыху псоми а нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ.
8
Езыр нэхутэкъым, ауэ нэхум щыхьэт техъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм къигъэкӀуащ ар.
9
Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
10
А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым.
11
Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.
12
Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.
13
Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.
14
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
15
Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ: – Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
16
Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.
17
Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.
18
Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.
19
Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,
20
Иуан, пэжыр имыбзыщӀу, нахуэу жиӀащ: – Сэракъым Мэссихьыр.
21
– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.
22
– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ Иуан. – ДыкъэзыгъэкӀуахэм еттыжыну жэуапыр къыджеӀэ. Сыт уэ уи щхьэм щхьэкӀэ къыджепӀэнур?
23
– Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.
24
А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.
25
Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?
26
– Сэ цӀыхухэр соумэхъ, – яжриӀащ Иуан. – Ауэ фымыцӀыху гуэр къыфхэтщ.
27
Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.
28
А псори къыщыхъуар Вифание жылэращ, Иорданыпсым и адрыщӀу Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щытарщ.
29
Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.
30
Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
31
Ар сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ сэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъыщӀэкӀуар израил цӀыхухэм ар хэтми езгъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ щыхьэт техъуэурэ, Иуан жиӀащ итӀанэ:
32
– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр тхьэрыкъуэм хуэдэу уафэм Хьисэ къыхуехауэ къызэрыщхьэщытыр слъэгъуащ.
33
Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».
34
Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.
35
Иуан езым и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀ и гъусэу, а щӀыпӀэм деж щытащ етӀуанэ махуэми.
36
Хьисэ къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр.
37
Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ.
38
Хьисэ къызэплъэкӀри, ахэр езым и ужь иувауэ щилъагъум, яжриӀащ: – Сыт фэ фызыхуейр? – Равви, дэнэ ущыпсэур? – къеупщӀащ ахэр. (Раввим къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэщ».)
39
– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.
40
Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.
41
Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)
42
Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)
43
Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.
44
А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.
45
Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.
46
– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.
47
Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
48
– Дэнэ сыкъыщыпцӀыхурэ? – къеупщӀащ Нафанаил Хьисэ. – Филипп къоджэн и пэкӀэ, ахъуо жыгым и щӀагъым ущыщӀэтым, услъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ.
49
– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.
50
– Ахъуо жыгым и щӀагъым ущӀэту услъэгъуащ зэрыбжесӀам щхьэкӀэ, уи фӀэщ хъуащ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныщи плъагъунущ.
51
Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ: – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу флъагъунущ.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21