bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 9
John 9
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 10 →
1
Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.
2
И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?
3
– Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ.
4
– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.
5
Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ.
6
Ар жиӀэри, Хьисэ щӀым теубжьытхащ, ӀупсымкӀэ ятӀэ зэхищӀэри, а зэхищӀар нэфым и нэхэм щихуащ.
7
Нэфым жриӀащ итӀанэ: – Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ.
8
Гъунэгъухэми ар нэфу зэрыщытар зылъагъуахэми жаӀащ: – ФакъырэӀус щӀэлъэӀуу щысар мыракъэ?
9
Аращ, – жаӀащ языныкъуэхэм. – Хьэуэ, абы ещхь къудейщ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми. – Сэращ, – жиӀащ езы лӀым.
10
– Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр.
11
– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.
12
– Дэнэ щыӀэ а лӀыр? – къеупщӀащ ахэр. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы.
13
Нэфу щытар фарисейхэм я деж яшащ.
14
Хьисэ ятӀэ зэхищӀэу, нэфым и нэхэр къыщигъэплъэжа махуэр щэбэт махуэт.
15
Арати, фарисейхэр а лӀым еупщӀащ: – Уи нэхэр дауэ къызэрыплъэжар? – Си нэхэм ятӀэ щихуэри, зыщыстхьэщӀыжым, слъагъу хъуащ, – жиӀащ а лӀым.
16
– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.
17
– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.
18
Апхуэдэу щыт пэтми, зи нэхэр къэплъэжа лӀым и адэ-анэр кърагъашэу, абыхэм еупщӀыху, а лӀыр нэфу зэрыщытари и нэхэр къызэрыплъэжари журтхэм я фӀэщ хъуакъым.
19
– Нэфу къалъхуауэ жыхуэфӀэ фи къуэр мыра? – еупщӀащ абыхэм. – Абы илъагъуу зэрыхъужар дауэ?
20
– Мыр зэрыдикъуэри нэфу къызэралъхуари дощӀэ, – жаӀащ лӀым и адэ-анэм.
21
– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.
22
ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.
23
Аращ лӀым и адэ-анэм щӀыжаӀар: «И ныбжьыр ирикъуащ, езым феупщӀ».
24
Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.
25
– Ар гуэныхьыщӀэми, сэ сщӀэркъым, – жиӀащ нэфу щытам, – ауэ мы зыр сощӀэ: сэ нэфу сыщытащ, иджы слъагъу хъуащ.
26
– Сыт уэ къыуищӀар? – еупщӀащ ахэр. – Уи нэхэр дауэ къызэригъэплъэжар?
27
– Зэ нывжесӀакӀэщ, ауэ фыкъедэӀуакъым, сыт иджыри ар зэхэфхыну фыщӀыхуейр? – къажриӀащ нэфу щытам. – Абы и гъуэгу фрикӀуэну фыхуей фэри?
28
Ар щажриӀэм, къешхыдащ: – Уэ мы лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщщ, дэ Мусэ бегъымбарым и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщщ.
29
Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.
30
– Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым.
31
– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр.
32
Нэфу къалъхуа цӀыхур зыгуэрым къигъэплъэжауэ цӀыхухэм зэикӀ зэхахакъым.
33
Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щымытатэмэ, зыри хузэфӀэкӀынутэкъым.
34
– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
35
А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ: – Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ?
36
– Зи щӀыхь ин, – жэуап къритыжащ лӀым, – фӀэщхъуныгъэ сиӀэн щхьэкӀэ, а жыхуэпӀэр хэт, къызжеӀэ!
37
– Ар уэ плъэгъуащ, иджыпсту къопсалъэр аращ, – жриӀащ Хьисэ.
38
– ФӀэщхъуныгъэ сиӀэ хъуащ, Зиусхьэн, – жиӀэри, а лӀыр Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иуващ.
39
– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.
40
Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ: – Дэри дынэфу ара-тэ?
41
– Фэ нэфу фыщытатэмэ, гуэныхь фтелъынтэкъым, ауэ «Долъагъу» жывоӀэри, фи гуэныхьыр къыфтонэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 10 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21