bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 20
John 20
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 19
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 21 →
1
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ.
2
Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.
3
Петррэ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэ адрей лӀымрэ унэм щӀэкӀри, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.
4
А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ.
5
Зригъэзыхщ, щӀэплъэри, джэбынхэр щылъу илъэгъуащ, ауэ кхъэлэгъунэм щӀыхьакъым.
6
Абы и ужь иту, Симон Петр нэсри, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, джэбынхэр абдежым щылъу илъэгъуащ.
7
Хьисэ и щхьэм ешэкӀауэ щыта джэбыныр адрей джэбынхэм ябгъэдэмылъу, щхьэхуэу, зэкӀуэцӀышыхьауэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ деж щылът.
8
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ;
9
сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.
10
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж ягъэзэжащ итӀанэ.
11
Мэрием кхъэлэгъунэм деж щыту гъырт. Гъыурэ, кхъэлэгъунэм щӀэплъэну зыщригъэзыхым,
12
мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.
13
Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ: – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.
14
Ар зэрыжиӀэу къызэплъэкӀри, Хьисэ абдежым щыту илъэгъуащ, ауэ ар зэры-Хьисэр къицӀыхужакъым.
15
– ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – къыжриӀащ Хьисэ. – Хэт узылъыхъуэр? Мэрием, ар жыг хадэр зыгъэкӀ лӀырауэ къыфӀэщӀри, абы жриӀащ: – Зи щӀыхь ин, ар щӀэзыхар уэрамэ, здэпхьар къызжеӀи, сэ ар къэсхьыжынущ.
16
– Мэрием, – жиӀащ Хьисэ. Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ: – Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)
17
– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».
18
Ар къыщыжриӀэм, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж кӀуэри, Зиусхьэныр зэрилъэгъуари а псалъэхэр къызэрыжриӀари яхуиӀуэтэжащ.
19
А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!
20
Ар жиӀэри, и Ӏэхэри и джабэри къаригъэлъэгъуащ. Зиусхьэныр щалъагъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр гуфӀащ.
21
– Фигу ирезагъэ! – къажриӀащ Хьисэ аргуэру. – Адэ лъапӀэм сэ сыкъызэригъэкӀуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакӀуэ.
22
Ар жиӀа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм епщэри яжриӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фигу илъ ирехъу.
23
Гуэныхьхэр зыхуэвгъэгъум хуэгъунущ, зыхуэвмыгъэгъум хуэгъунукъым.
24
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым языр, Фомэ, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэр, Хьисэ къыщыкӀуам, адрейхэм я гъусатэкъым.
25
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ: – Зиусхьэныр тлъэгъуащ. – ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.
26
Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!
27
Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.
28
– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.
29
– Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.
30
Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм нэмыщӀ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я пащхьэм мы тхылъым имыт нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къыщигъэлъэгъуащ.
31
Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.
← Chapter 19
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 21 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21