bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 11
John 11
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 10
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 12 →
1
Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.
2
А Мэриемыр арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр.
3
Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.
4
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
5
Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт.
6
Лазар зэрысымаджэр щызэхихым, Хьисэ здэщыӀэ щӀыпӀэм махуитӀкӀэ зыщиӀэжьащ.
7
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы и ужькӀэ: – Иудей хэкум дывгъэкӀуэж.
8
Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.
9
– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.
10
Ауэ жэщу зекӀуэр мэлъэпэрапэ, нэхум хэткъыми.
11
А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.
12
– Зиусхьэн, ар щыжеякӀэ хъужынущ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
13
Хьисэ жыхуиӀар Лазар зэрылӀарт, ауэ и гъусэхэм къазэрыгурыӀуар Хьисэ жейм тепсэлъыхьущ.
14
Хьисэ щхьэихауэ яжриӀащ итӀанэ: – Лазар лӀащ.
15
Ар щылӀэм сызэрыримыхьэлӀар си гуапэщ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ. ФынакӀуэ, абы деж дывгъакӀуэ.
16
Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ: – ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.
17
ЗдэкӀуэм щынэсым, Лазар кхъэлэгъунэм махуиплӀ хъуауэ зэрыщӀалъхьэжар къищӀащ Хьисэ.
18
Вифание жылэр стадие пщыкӀутхукӀэ Ерусалим пэжыжьэт.
19
Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ.
20
Хьисэ къызэрыкӀуэр щызэхихым, Марфэ абы къыпежьащ, Мэрием унэм къыщӀэнащ.
21
– Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
22
Тхьэм сыт ищӀыскӀэ уелъэӀуми, абы къызэрыпхуищӀэнур сощӀэ.
23
– Уи дэлъхур къэтэджыжынущ, – жиӀащ Хьисэ.
24
– ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.
25
– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;
26
апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.
27
– Мэхъу, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ. – Тхьэм и Къуэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеяр уэрауэ зэрыщытыр си фӀэщ мэхъу.
28
Ар жиӀа нэужь, Марфэ игъэзэжщ, и шыпхъу Мэрием къриджэри, щэхуу жриӀащ: – Дин егъэджакӀуэр къэкӀуауэ къоджэ.
29
Ар щызэхихым, епӀэщӀэкӀыу къэтэджри, Мэрием Хьисэ деж къэкӀуащ.
30
Хьисэ жылэм иджыри дыхьатэкъым, Марфэ къыщыӀущӀа щӀыпӀэм деж щытт.
31
Абыхэм къахуэгузэвэну къэкӀуа журту Мэрием и гъусэу унэм щӀэсахэм Мэрием епӀэщӀэкӀыу къэтэджу, унэм щӀэкӀыу щалъагъум, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, и дэлъхур абы щигъеин я гугъэри, и ужь иуващ.
32
Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
33
Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.
34
– Дэнэ хьэдэр щыщӀэфлъхьэжар? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Зиусхьэн, кӀуэи, еплъ, – къыжраӀащ абыхэм.
35
Хьисэ къэгъащ абдежым.
36
Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ: – Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.
37
– А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.
38
Хьисэ, игу хэщӀу, кхъэлэгъунэмкӀэ кӀуащ. Ар бгъуэнщӀагът, абы мыви Ӏуалъхьэжат.
39
– Мывэр Ӏуфх, – жиӀащ Хьисэ. ЛӀам и шыпхъу Марфэ Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн, ар зэрылӀэрэ махуиплӀ мэхъу, мэ щоу.
40
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
41
Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
42
Си лъэӀухэм дапщэщи укъызэредаӀуэр сощӀэ, ауэ мыбдеж щыт цӀыхухэм сыкъэзэрыбгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэщ, мы псалъэхэр щӀыжысӀар.
43
Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!
44
ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.
45
Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр щалъагъум, Мэрием деж къэкӀуа журтхэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
46
Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ.
47
Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.
48
Абы зыри едмыщӀэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цӀыху псоми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыӀэщӀэлъхэр къэкӀуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкӀуэдынущ.
49
Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу щыт Кайафэ зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ: – Фэ зыри фщӀэркъым.
50
Ди лъэпкъ псор кӀуэд нэхърэ, лъэпкъым щхьэкӀэ зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, дэркӀэ зэрынэхъыфӀыр къывгурыӀуэркъэ?
51
Ар езыр-езыру къыжиӀакъым, атӀэ а гъэм дин пашэшхуэу щытти, Хьисэ и псэр журт лъэпкъым щхьэкӀэ зэритынур Тхьэм абы игу кърилъхьэри къыжригъэӀащ.
52
Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.
53
Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.
54
Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.
55
Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.
56
Хьисэ къалъыхъуэрт абы щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту цӀыхухэр зэупщӀыжырт: – Дауэ феплърэ? Махуэшхуэм щхьэкӀэ ар къэкӀуэну пӀэрэ?
57
Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.
← Chapter 10
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 12 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21