bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 18
John 18
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 19 →
1
Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Кедрон псым зэпрыкӀащ. Абдежым жыг хадэ итт. Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а хадэм ихьащ.
2
Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.
3
Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.
4
Хьисэ къыщыщӀыну псори езым ищӀэжырти, япежьэри еупщӀащ: – Хэт фызылъыхъуэр?
5
– Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэращ ар, – яжриӀащ Хьисэ. Хьисэ абыхэм езыгъэубыдыну Иудэр абыхэм яхэтт.
6
«Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.
7
Хэт фызылъыхъуэр? – аргуэру еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.
8
– Сэращ ар, нывжесӀакъэ? – яжриӀащ Хьисэ. – Фызылъыхъуэр сэрамэ, зыри евмыщӀэу, си гъусэхэр футӀыпщыж.
9
Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар езым Адэ лъапӀэм жриӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Уэ сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм ящыщ зыри сфӀэкӀуэдакъым».
10
Симон Петр джатэ иӀыгъти, ар кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэлъэтащ. А унэӀутым и цӀэр Малхт.
11
– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?
12
Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.
13
Аннэ зи цӀэм деж яшащ япэщӀыкӀэ. Аннэ а илъэсым и дин пашэшхуэу Кайафэ зи цӀэм и щыкъу адэт.
14
А Кайафэращ адрей журтхэм мыпхуэдэ чэнджэщ езытауэ щытар: «Дэ ди лъэпкъ псори кӀуэд нэхърэ, зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, нэхъыфӀщ».
15
Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрымрэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. А лӀыуэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэр дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытти, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм дыхьащ Хьисэ щӀыгъуу.
16
Петр пщӀантӀэм дэмыхьэу куэбжэпэм къыӀунащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ лӀыуэ дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытыр къыдэкӀыжщ, куэбжэӀут хъыджэбзым жриӀэри, Петри пщӀантӀэм дишащ абы и ужькӀэ.
17
– Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ куэбжэӀут хъыджэбзыр Петр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр.
18
Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.
19
Дин пашэшхуэр Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр хэт хъуну? ЦӀыхухэм уэ ебгъащӀэ Ӏуэхухэр сыт зищӀысыр?
20
– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.
21
Сыт укъыщӀызэупщӀыр? Псалъэу яжесӀар зэхэзыхахэм еупщӀ. Абыхэм сэ жысӀар ящӀэркъэ?
22
Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ: – Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?
23
– Мыхъун жысӀамэ, сызэрыщыуар къызжеӀэ – жриӀащ абы Хьисэ. – Пэжыр жысӀамэ, сыт укъыщӀызэуэр?
24
Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.
25
Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху. – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.
26
Дин пашэшхуэм и унэӀутхэм ящыщу зи тхьэкӀумэ Петр къыпигъэлъэтам и благъэ гуэрым жиӀащ: – А лӀым уригъусэу жыг хадэм ущыслъэгъуакъэ?
27
– Хьэуэ, ар пэжкъым, – жиӀэри Петр аргуэру идакъым. Ар зэрыжиӀэу, адакъэ Ӏуащ.
28
Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.
29
Арати, Пилат Ӏэтащхьэр преторием щӀэкӀри, яжриӀащ: – Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?
30
– Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.
31
– Фшэжи, фи хабзэм тету, ищӀам хуэфащэу хьэкум тефщӀыхь, – яжриӀащ Пилат. – Дэ зыгуэрым укӀ тетлъхьэну дыхуиткъым, – къыжраӀащ журтхэм Пилат.
32
Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.
33
Пилат преторием щӀыхьэжщ, Хьисэ къригъашэри еупщӀащ: – Журтхэм урапащтыхь?
34
– Ар уэр-уэру жыпӀэрэ, хьэмэрэ сэ къыстеухуауэ нэгъуэщӀхэр къопсэлъа? – жиӀащ Хьисэ.
35
– Сэ сыжурт-тӀэ? – жэуап къитыжащ Пилат. – Уи лъэпкъымрэ дин пашэшхуэхэмрэ укъысхуашащ. Сыт уэ пщӀар?
36
– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.
37
– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.
38
– Щыпкъагъэу жыхуэпӀэр сыт? – щӀэупщӀащ Пилат. Пилат ар жиӀэщ, журтхэм я деж щӀэкӀыжри, яжриӀащ: – Мы лӀыр зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.
39
Ауэ лъэхъуэщым щӀэс гуэр Ӏутыж мэхуэшхуэ къэс къыфхуэзутӀыпщыжу фи хабзэщ. Аращи, «Журтхэм я пащтыхьу» жыхуаӀэр къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей?
40
– Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 19 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21