bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
John 13
John 13
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 12
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 14 →
1
ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.
2
Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.
3
И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,
4
Хьисэ Ӏэнэм пэрыкӀщ, и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихщ, напэӀэлъэщӀ къищтэри, и бгым иришэкӀащ.
5
Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀри, и бгым иришэкӀа напэӀэлъэщӀымкӀэ яхуилъэщӀыжу щӀидзащ итӀанэ.
6
Хьисэ Симон Петр щыбгъэдыхьэм, абы къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ си лъакъуэхэр птхьэщӀ хъуну?
7
Сэ сщӀэр иджыпсту уэ къыбгурыӀуэркъым, ауэ итӀанэ къыбгурыӀуэнущ, – жиӀащ Хьисэ.
8
Сэ си лъакъуэхэр зэи уэзгъэтхьэщӀынукъым, – къыжриӀащ Петр. – ПхуэзмытхьэщӀмэ, си гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
9
Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.
10
– ЗызыгъэпскӀам и лъакъуэхэм фӀэкӀа итхьэщӀын хуейкъым, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэрыщыту къабзэщ. Фэри фыкъабзэщ, ауэ псори фыапхуэдэкъым.
11
Хьисэ «псори фыапхуэдэкъым» щӀыжиӀар езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынур абыхэм зэрахэтыр ищӀэрти, аращ.
12
Абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀщ, и щыгъыныр зыщитӀэгъэжри, щытӀысыжым, Хьисэ щӀэупщӀащ: – ФхуэсщӀар къывгурыӀуэрэ?
13
Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.
14
Сэ фи Зиусхьэну икӀи фи дин егъэджакӀуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщӀащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщӀын хуейщ.
15
ФщӀэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщӀам хуэдэ фэри фщӀэн щхьэкӀэ.
16
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.
17
Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.
18
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».
19
– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.
20
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
21
Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
22
Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ.
23
И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.
24
Симон Петр Хьисэ къыбгъэдэсым Ӏэ хуищӀащ, Хьисэ жыхуиӀамкӀэ иригъэупщӀыну.
25
Хьисэ дежкӀэ зигъазэри, а лӀыр абы еупщӀащ: – Хэт ар жыхуэпӀэр, Зиусхьэн?
26
– Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.
27
Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.
28
Хьисэ ар абы щӀыжриӀар Ӏэнэм пэрысхэм ящыщ зыми къыгурыӀуакъым.
29
Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.
30
ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.
31
Иудэ унэм щыщӀэкӀым, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр ялъагъунущ иджы, абыи Тхьэм и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ.
32
Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.
33
– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.
34
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
35
ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.
36
Симон Петр Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дэнэ уздэкӀуэр? – Сэ сыздэкӀуэм уэ иджы укъыскӀэлъыкӀуэфынукъым, ауэ итӀанэ укъыскӀэлъыкӀуэнущ, – жриӀэжащ Хьисэ абы.
37
– Зиусхьэн, иджы сыкъыпкӀэлъыкӀуэн сыт щӀыслъэмыкӀынур? Сэ си псэр уэр щхьэкӀэ стынущ, – жиӀащ Петр.
38
– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!
← Chapter 12
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 14 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21