bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 14
Revelation 14
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 13
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 15 →
1
Сыщыплъэм, Сион Ӏуащхьэм Щынэр тету слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и цӀэмрэ абы и Адэм и цӀэмрэ зи натӀэм тет цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ и гъусэт.
2
Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт.
3
ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар.
4
Мыхэрщ цӀыхубзхэмкӀэ зызымыгъэуфӀеяр, ахэр къэзымыша-дэмыкӀуахэм яхуэдэщи. Щынэр дэнэ кӀуэми, абы кӀэлъокӀуэ. Мыхэращ Щынэм цӀыхухэм къахишу, зи щхьэхэр къищэхужу, Тхьэмрэ езымрэ щхьэкӀэ япэ игъэувар.
5
Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.
6
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.
7
МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.
8
А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч кӀэлъыкӀуэри жриӀащ: – Къалэшхуэр зэхакъутащ. Бабилэн къалэшхуэр зэхакъутащ. А къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ зинэ щӀэнымрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ.
9
Ещанэ мелыӀыч гуэр а мелыӀычитӀым кӀэлъыкӀуэри, макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: – ЦӀыху гуэрым хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ игъэлъапӀэу, хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тедзауэ щытмэ,
10
ари Тхьэм и губжьым и фадэ дыджым ефэнущ. А фадэу псы зыхэмытыр Тхьэм и губжьым и фалъэм хьэзыру итщ. МелыӀыч лъапӀэхэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ щахэту, а цӀыхум гугъуехьышхуэ ишэчынущ.
11
Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.
12
Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу абы и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьисэми щыпкъагъэ хузиӀэхэм теубыдагъэ ярыреӀэ.
13
Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.
14
Сыщыплъэм, пшэ хужь гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уафэпшэм хэту «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм» и плъыфэ зиӀэ гуэри къэслъэгъуащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа таж щхьэрыгът, гъубжэ жан иӀыгът.
15
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀри, пшэм хэтым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «Гъубжэр щтэи, хэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀылъэм и гъавэр хъуащ, хэгъуэр къэсащ».
16
Пшэм хэтыр гъубжэкӀэ щӀылъэм щыхэри, щӀылъэм и гъавэ псори къихащ.
17
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм къыщӀэкӀащ. Абыи гъубжэ жан иӀыгът.
18
ИтӀанэ нэгъуэщӀ мелыӀычу мафӀэм тепщэныгъэ хузиӀэр къурмэн щӀыпӀэм къыӀукӀри, гъубжэ жаныр зыӀыгъым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «ЩӀылъэм и санэ къуэпсхэм япыт жызумхэр хъуащи, уи гъубжэр щтэи, къыпыупщӀ».
19
ЩӀылъэм щыӀэ жызумыр мелыӀычым и гъубжэмкӀэ къыпиупщӀри, Тхьэм и губжьым и санэ зэрапӀытӀ чеишхуэм ирикӀутащ.
20
Къалэшхуэм и щӀыб щыӀэу жызум зэрапӀытӀ чейм жызумхэр щапӀытӀащ. Шыхэм я шхуэхэм щӀэуэу куууэ, стадие минрэ щихкӀэ зиубгъуу, жызум зэрапӀытӀ чейм лъы къикӀащ.
← Chapter 13
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 15 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22